НОБИ А ЦIЭР ЗЭРЕХЬЭ

Хы ФIыцIэм хуэкIуэ Шахэ псышхуэм ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ Беикъуэпсрэ Бышийрэ къыщыхэлъадэкIэ, а щым я зэхуаку дэубыда хуэдэу къыщIидз хуей зэхуэщимэ-зэпэплIимэм итщ ар. 
Урыс-Кавказ зауэм икIэхэм Шахэ и псыхъуащхьэхэр и хэщIапIэт къущхьэрыс (бгырыс) убыххэм я дзэпщ нэхъ пажэхэм хабжэу къекIуэкIа, Бэрзэдж лIакъуэм щыщ хьэжы Бабыкъу Алым-Джэрий. ЗэпэщIэувэныгъэ кIыхьым икIи хьэлъэм и иужьрей илъэсхэм пащтыхьыдзэхэм мы щIыпIэм щыпхраша «Убых кордон линэ» зыфIащами мыбдежыр и кIэухт. 
1864 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Бабыкъу къуажэм и Iэгъуэблагъэм щызэрихьэлIэгъащ зы пIалъэм къриубыдэу убыххэм я щIыналъэм къизэрыгуа пащтыхьыдзэхэм ящыщу 3-р: Дыгъэмыс лъэныкъуэмкIэ къикIа дзэ пакIэу генерал-майор Гейман зи Iэтащхьэр, къущхьэщIыб лъэныкъуэмкIэ (Псыжь здэщыIэ тафэмкIэ) щежэх Пщыхьэ и къуэладжэм къыдэкIыу, къуршхэм къащхьэпрыкIа, генерал-майор Граббе Николай зи пашэ гупымрэ Дахэ псыхъуэр Урысейм къыхуэзызэуа дзэмрэ («Даховский отряд»). 
КъызэдебгъэрыкIуа урысыдзэхэм езы Бабыкъу хьэжыр япежьэн хуей хъуащ, и жылэхэр бийм зэтримыгъэгъэсхьэн папщIэ. А Iуэхугъуэр езы убыххэм къазэрыхуэщхьэпэжа щIагъуэ щымыIэми, зи гугъу тщIы къуажэм къыдэна псэупIэхэр езы урысхэм иужьым къагъэсэбэпыжащ: дзэ гуэдзэм къадэкIуа лъэсырыкIуэ батальон псо «щIагъэзэгъащ».
ЗэрыпхъуакIуэхэм я нэгу къыщIэува унэхэр я теплъэкIэ телъыджэт: зыхэгъэпщкIухьа жыг хадэхэм ахэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхэлъагъукIырт, уэрам хэгъэунэхукIа гуэри я зэхуаку дэмыту. Адрей псоми къахэщхьэхукIырт, гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэу, езы Бабыкъу хьэжым къатитIу зэтет и псэупIэ дэгъуэр - зи унащхьэр пхъэбгъу зыкъизыххэмкIэ зэщIэIулIар («Кавказ» журнал, 1868 гъэ, Невский Павел: «Закубанский край в 1864 г.», 97-нэ напэкIуэцI).
Бабыкъу къуажэ деж ноби ущрохьэлIэ гъуаплъэрэ гъущIрэ къыщыщIаIущIыкIыу щыта, гъуэжлау теплъэ зиIэ лъэщапIэжьхэм. Iэгъуэблагъэм щыплъагъунущ мы щIыпIэм щыпсэуахэм зи гугъу тщIа лIэужьыгъуэхэр щагъэткIу-щагъэвыжу къадекIуэкIа щIытI абрагъуэхэри. Абыхэм иджыри къыздэсым къыщIагъуатэ гъуаплъэ, гъущI пкъыгъуэхэм я пыдзахуэ зэхуэмыдэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, мыбы хуэдэ пасэрей къыщIэхыпIэхэмрэ лъэщапIэжьхэмрэ адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыныр ижь-ижьыжкIэрэ зэрыса адрей бгылъэ щIыналъэхэми дазэрыщрихьэлIэр.
Адыгэ Республикэм щыпсэуа бзэщIэныгъэлI, щIыпIэцIэхэр джыным куэдрэ яужь ита Мерэтыкъуэ Къасым и тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, Бабыкъу къуажэр здэщыт щIыпIэм хуэгъэзауэ адыгэхэм нэхъапэм «Инал и кIей» фIэщыгъэри къагъэсэбэпу щытащ. Мерэтыкъуэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, а псалъэхэр етпх хъунущ Инал пщышхуэм, лъэхъэнэ жыжьэу блэкIам адыгэ лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэфауэ щытам, и цIэм.
1866 гъэм Шахэ и псыхъуащхьэхэр къиплъыхьат щIыналъэр зыIэщIэзыгъэхьа урыс пащтыхь администрацэм къызэригъэпэща комиссэм. А зэманым абы игъэхьэзыра «дэфтэрым» къызэрыщыгъэлъэгъуэжамкIэ, «Бабук-аул» (Бабыкъу къуажэ) зыфIаща щIыпIэ пхыдзар Беикъуэрэ Бушийрэ Шахэ щыхэлъэдэжым деж къыщыунэху хытIыгу ныкъуэщ. Ар щимэ щIыкIэу псищым я зэхуакум «дэубыдащ», щIы къатитIуи зэтетщ.
Зи гугъу тщIа комиссэр щыхьэт зэрытехъуэмкIи, ищхьэ сэтейм и кум хуэзэу псей абрагъуэхэр зэгуэрым итыгъащ, дэтхэнэми и щхьэкIэр метр 50-м нэблагъэкIэ щIым щхьэщыIэтыкIауэ. Жыг гуэрэныр ТхьэщIагъ мэзу къалъытэрт икIи абдежым адыги, абази, убыхи щызэхуэсырт, махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щызэдаIэту. 
Бабыкъу къуажэр куэд дэмыкIыу ябгынэн хуей хъуащ абы къыдагъэтIысхьауэ щыта урысхэми нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэми, щIыпIэр къазэремызэгъам къыхэкIыу.
Мыбдежыр ижькIэрэ и къежьапIэщ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм ноби ухуэзышэ шу-лъэс лъагъуэу ХъымыщкIей гуэрэным ухуэзышэм. 
Къуажэр здэщыта щIыпIэм деж мы зэманым Кавказ мэзкъуэдым и КъухьэпIэ къудамэм и гъунапкъэхъумэхэм я хэщIапIэ итщ.     

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

21.03.2025 - 09:45

«Уэсрэ Нэсрэ» аудио тхылъыр

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ тха­кIуэ, драматург, «Гарянка» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ зэхишауэ.

20.03.2025 - 09:03

Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ.