КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэр яIущIащ Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и лIыкIуэхэм. Ищхъэрэ къалащхьэм къикIахэм ирагъэлъэгъуащ ди щIыналъэм и депутатхэм я хэщIапIэр, ахэр едэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, абы и парламентаризмэр зэрызэфIэувам теухуауэ хуаIуэтахэм.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщхьэхукIащ Санкт-Петербургрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэ, егъэджэныгъэ зэпыщIэныгъэ быдэхэр зэхуаIэ зэрыхъуар икIи мы зэIущIэр 2022 гъэм щIыналъитIым я хабзэубзыху органхэм зэращIылIа ЗэгурыIуэныгъэм и Iэужьу зэрыщытыр:
- КъБР-м и Парламентым гулъытэшхуэ хуещI парламентхэм я зэдэлэжьэныгъэм. Ди нобэрей зэIущIэр апхуэдэуи ирихьэлIащ юбилей Iуэхухэм. КъБР-м и Iэтащхьэм и УказкIэ къызэрагъэпэщат республикэм и хабзэубзыху органыр илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным хуэзыгъэхьэзырыну комитет. ЗэфIагъэкIынухэм нэхъыбэу къызэщIаубыдар щэнхабзэ, спорт, зэпеуэ Iуэхухэрт. Пэжу, дэ дыхуеякъым гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр зэхэтшэн.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым пищащ:
- Ди хабзэубзыху органхэр зэрыщыIэрэ апхуэдэу куэд мыщIами, республикэм и Парламентымрэ Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ езыхэм я щIыналъэхэм къэралыгъуэм и хабзэхэр щызэфIагъэувэным икIи абыхэм зыщегъэужьы-ным. Абыхэм зэфIагъэкIащ къалэн нэхъыщхьэр - къэрал властымрэ цIыхухэмрэ я зэпыщIэныгъэ быдэр зэтраухуащ. Дэ сыт щыгъуи фIыщIэ яхудощI япэ зэхуэсыгъуэхэм я депутатхэм: ахэращ иужькIэ республикэ законодательствэр зытетщIыхьа лъабжьэр зыухуар.
Егоровэ Татьянэ хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м и Парламентым и ухуэкIэм. Ар тепсэлъыхьащ УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэм зэрадэлажьэм, еханэ зэхуэсыгъуэм и хабзэубзыху органым илъэситхум иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуа Iуэху языныкъуэхэм. Псом хуэмыдэу и гуапэу къыхигъэбелджылыкIащ Парламентыр федеральнэ хабзэгъэув Iуэхухэм зэрыхэтыр:
- Мы зэманым республикэм и хабзэубзыху органыр абы и лъэныкъуэкIэ къыхэжаныкIхэм ящыщщ. Иужь илъэсхэм КъБР-м и Парламентым Къэрал Думэм къыщыхилъхьа хабзэубзыху жэрдэмхэм я нэхъыбэр федеральнэ закон хъуащ.
Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Бельский Александр бысымхэм фIыщIэ яхуищIащ хьэщIагъэшхуэ ирахыу къызэрырагъэблэгъам къыхэкIыу икIи къыхигъэщхьэхукIащ я лIыкIуэхэр иужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIа 2022 гъэ лъандэрэ республикэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэфIхэр:
- Дэ дыщыIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ, тлъэгъуащ абы зэрызихъуэжыр, дыщыгъуазэщ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ фи мурадхэми. Уэ жыпIащ япэ зэхуэсыгъуэхэр гугъу ехьауэ, ауэ КъБР-м и Парламентым илъэситхум зэфIигъэкIа лэжьыгъэм кърикIуа Iуэху щхьэхуэхэм ущытепсэлъыхьакIэ, сэри жысIэфынущ ахэри илъэс тыншхэу щымытауэ. Абыхэм хеубыдэ икIэщIыпIэкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ унафэхэр къэщтэным дезыхулIа пандемиери икIи си гугъэщ къэралыр а лъэхъэнэм хуэдэу щIэгъэпсынщIауэ икIи сэбэп хъууэ ипэкIэ зэи мылэжьауэ. ИужькIэ зауэ Iуэху хэхар, санкцэхэм ди къэралыр зрагъэува щытыкIэр къыкъуэкIащ. Дэ долъагъу и пщIэр лъагэу ди къэралыр апхуэдэ щытыкIэм къызэрикIыр. Экономикэм и зэпIэзэрытыгъэр, дэтхэнэ щIыналъэми цIыхухэм я псэукIэр зэрыщефIакIуэр, бюджетым ипэжыпIэкIэ хуэдитIкIэ зэрыхэхъуар ехъулIэныгъэ инхэщ.
КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъуамкIэ къехъуэхъури, Бельский Александр депутатхэм фIыщIэ къахуищIащ Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и бэракъыр Iуащхьэмахуэ и щыгум драхьеинымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам къыхэкIыу. «Абы ди дежкIэ мыхьэнэ щхьэхуэ иIэщ», - жиIащ хьэщIэм икIи дыщIигъужащ:
- Ди ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щытеддза 2022 гъэм дэ жытIауэ щытащ ар IуэхухэмкIэ дгъэнщIыну. Ар дэ зэфIэдгъэкIащ. Дэ мызэ-мытIэу дызэIущIащ, «Парус плъыжьхэр» зэхыхьэм нэкIуащ КъБР-м щыщхэр. Дэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм ди щIыналъэхэр хуабжьу зэкъуегъэувэ.
Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщIым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, щIыналъитIым я зэдэлэжьэныгъэр егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, туризмэм я IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI Iуэхухэм къыщызэтеувыIэнукъым:
- Республикэм зеужь икIи дэ дыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашу Санкт-Петербург яшэ ерыскъыхэкIхэм я куэдагъым хэдгъэхъуэну.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щэнхабзэм, туризмэм, егъэджэныгъэм, хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэм теухуауэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зегъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
Зэхуэзэр ягу къинэжын папщIэ лъэныкъуэхэр тыгъэхэм- кIэ зэхъуэжащ. Санкт-Петербург къикIахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрыр къаплъыхьащ. Ищхъэрэ къа-
лащхьэм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и лIыкIуэхэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр ягъэлъапIэу, «ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык» мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьащ.