Налшык дэт Макъамэ театрым щекIуэкIащ «Зори Кавказа» къэфакIуэ ансамблыр илъэс 35-рэ зэрырикъум теухуа пшыхь дахэ. Илъэс зэхуэмыдэхэм ансамблым къыхуагъэфэщауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щапхъэ зытрах и сабий гуп», «Урысейм щапхъэ зытрах и сабий гуп» цIэхэр, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым я лауреатщ, кубокхэмрэ медалхэмрэ и куэдщ.
КъэфакIуэ гупыр къызэригъэпэщащауэ щытащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартин икIи илъэс 31-кIэ абы и нэIэ щIэтащ. ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ ар гупым зэрахэтам теухуа видеотеплъэгъуэр.
Пшыхьыр къызэIуихащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. КъэфакIуэ гупым ехъуэхъуа нэужь, егъэджэныгъэмрэ щIэблэм и гъэсэныгъэмрэ хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр яритащ «Зори Кавказа» къэфакIуэ гупым и унафэщI, Урысейм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэ ДзыхьмыщI Аслъэнрэ гупым и гъэсакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м цIыхубэ артисткэ Шортэн Аллэрэ. ФIыщIэ тхылъ хуагъэфэщащ гупым и концертмейстерхэу Сэхъу Маринэрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шэрэдж Алийрэ.
КъэфакIуэ гупым ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Налшык сабийхэм-рэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я унэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта Къалмыкъ Кларэ, иджы абы и унафэщI КIэрашэ Аксанэ сымэ.
- КъэфакIуэ гупым дежкIэ илъэс 35-р мащIэкъым. Псом хуэмыдэу ар сабийхэр зыхэт гупу щытмэ. Дэтхэнэми уи псэм щыщ лъыбогъэс, дауи. НэгъуэщIу хъунукъым. Ар тыншкъым, ауэ узыгъэнщIыжщ, гукъыдэжи къозытщ. Гупым хэт цIыкIухэм уи гур яхузэIухарэ фIыуэ плъагъумэ, сытри къохъулIэ. Дэтхэнэри фIыуэ солъагъу, дэтхэнэми сыхуогузавэ, нэхъыфI къехъулIэну сыхуохъуапсэ. ИкъукIэ срогушхуэ «Зори Кавказа» гупым къыщежьа къэфакIуэ куэд «Кабардинка», «Балкария», нэгъуэщI ансамблхэм къызэрыщыфэм. Ди гъэсэн куэд хамэ къэралхэм къыщыхутащ, щхьэж здэщыIэ щIыпIэм лъэпкъ къафэхэм ди лъэпкъэгъухэр щыхуагъасэ. Дэ абыхэм яхэтлъхьэфар гъащIэм къащыхуосэбэп, шэч хэмылъу. Мис нобэ мы утыкум ит ныбжьыщIэхэми я гум илъщ апхуэдэ хуабагъэ. ДэнэкIэ ягъазэми етIуанэ унэ яхуэхъуа щIыпIэр - творчествэмкIэ унэр - я гум ирырелъ, - жиIащ Шортэн Аллэ.
- Сыпсэуху фIыщIэ хуэсщIынущ сытми сыхуэзыгъэса Тхьэмокъуэ Мартин. Пшыхьым къеблэгъа псоми, ансамблым и лэжьакIуэ гупми, езы гъэсэнхэми, адэ-анэхэми фIыщIэ фхузощI. Сэ сыщIохъуэпс нобэ утыкум къитша саийхэм я гъащIэ гъуэгур дахэ хъуну, езыхэр цIыху пэж, захуагъэм тет, гуапагъэ зыхуэщIэ къахэкIыну. Аращ нэхъыщхьэр, IэщIагъэ яхуэхъум емылъытауэ, - жиIащ ДзыхьмыщI Аслъэн.
Псалъэ гуапэкIэ гъэсакIуэхэм зыхуагъэзащ къэфакIуэ гупым хэтхэм я адэ-анэхэм. Абыхэм къыхагъэщащ я бынхэм папщIэ гупыр етIуанэ унагъуэ зэрыхъуар, абы къафэм щыхуагъасэ къудей мыхъуу, лъэпкъ щэнхабзэри, хабзэ-нэмысри, цIыху хэтыкIэ дахэ ящIэнри къызэрыхалъхьэр.
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Шэджыхьэ- щIэ Аслъэнбий, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэч Азэмэт, республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэу Бэч Ренатэ, ПащIэ Артур, ДыщэкI Артур, Насрэн Чылар сымэ, «Кабардинка», «Черкес», «Арабеск», «Эльбрус» къэфакIуэ, «МафIэ» бэрэбэнауэ гупхэм. ЯгъэлъапIэ «Зори Кавказа» гупым игъэзэщIащ «Къафэ», «Абазэх», «Убых», «Гандаган», «Абхъаз», «Ислъэмей» къафэхэр, нэгъуэщIхэри.
ГУГЪУЭТ Заремэ.