Лэжьыгъэ телъыджэхэр.

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм шыщхьэуIум и 28-м къы­щызэIуахащ КъБР-м и Су­рэ­тыщIхэм я лэжьыгъэхэм я отчёт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы хагъэхьащ республикэм и ­художникхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
Хабзэ хъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэ щхьэпэхэр къызэIуах. Выставкэм сурэтыщI Iэзэхэм я ­живопись, графикэ лэжьыгъэ телъыджэхэр къызэщIаубыдэ, республикэм исхэми гъуазджэм и цIыху­хэми ахэр гъэщIэгъуэн ­ящохъу. Апхуэдэу КъБР-м и Сурэ­тыщIхэм я лэжьыгъэхэм и отчёт гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Зеленская Юлие, Ермолаевэ Аннэ, Хорошилов Олег, Акъсырэ Викторие, Плотников Василий, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Мамбэт Пётр, Жылэ Анатолэ, Мысачэ Мурат, Баккуев Владимир, Ерчэн Исуф, Ахматов Лиуан, Колкутин Андрей, Маргъущ Анатолэ, Мамоновэ Светла­-нэ, Иванниковэ Ольгэ, Дэцыр­хъуей Рузанэ, Къармэ Аслъэн, Новиковэ Еленэ, Хэжь Алик, ТхьэкIумашэ Михаил, Гейдебрехт Еленэ, Юзбашев Мурад, Тумэ Аслъэн, Мэкъуауэ-ТекIуий Динэ, Хъалил Миланэ сымэ, нэгъуэщIхэми я лэ­жьыгъэхэр.
- Зи сурэтхэр, гъуазджэ хьэп­шып­хэр выставкэм хагъэхьа художник­хэми абыхэм еплъыну зыкърезыгъэхьэлIахэми си гуапэу сыныво­хъуэхъу! - жиIащ КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин. - Лэжьыгъэ щхъуэ­кIэп­лъыкIэхэм фи гукъыдэжым зэрыхагъэхъуэнум шэч къытесхьэркъым. Гъуазджэ хьэпшыпхэм утеп­сэлъыхьын нэхърэ уеплъыныр куэдкIэ нэхъ гухэхъуэгъуэщ, дауи.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадийрэ УФ-м щIыхь зиIэ и су­рэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIумашэ Михаилрэ фIыщIэ хуащIащ гъэ­лъэгъуэныгъэ купщIафIэм къе­кIуэлIахэм.
Художникхэм къагъэщI сурэтхэм сыт щыгъуи цIыхупсэр егъэгуфIэ, дэрэжэгъуэ ин къарет. Выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр дахагъэкIэ гъэнщIам къыщымынэу, гупсысэрэ купщIэрэ ящIэлъщ. Сурэтхэм къы­тощ дунейм, гъэм и зэманхэм я ­телъыджагъэр, тхыдэ щIыпIэхэр, бгыхэр, удз гъэгъахэр, пхъэщхьэ­мыщ­хьэ­хэр. Абыхэм теплъэмрэ плъыфэм­рэ екIуу щызэхэухуэнащ. Сурэтхэм къадэкIуэу, мы гъэлъэ­гъуэныгъэм увыпIэфI щаубыдащ скульпту­­рэхэм, декоративно-прикладной гъуаз­джэм и IэпщIэлъапщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, лъэпкъым къы­дэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэм. Ар адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэрщ, ды­щэ-дыжьын бгырыпххэрщ, бгъэ­Iулъ­хэрщ, къагъэсэбэпа нэгъуэщI хьэпшыпхэрщ, арджэнхэрщ. Дыщэ IуданэкIэ хэ­дыкIа, дыщэидкIэ щIа къэлътмакъ­хэм, хъыджэбз хьэп­шыпхэм къып­хузэIуах лъэпкъым къыдэгъуэгу­рыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. Абыхэм къыхощ адыгэм и блэкIар, тхыдэ гъуэгуанэр, щэн­хабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэр. Гъэлъэгъуэ­ныгъэм хагъэхьащ Тхьэ­кIумашэ Михаил ищIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, япэ балъкъэр профессиональнэ уэрэджыIакIуэ Беппаев Сергей и бюстыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.08.2026 - 11:48

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.