Ди газетым зэрытетащи, Къущхьэхъум и Хьэмащэ Iэхэлъахэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэмрэ абы къегъэщIылIа Iэбгъэ зыбжанэм-рэ иджыблагъэ дыщыIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Нэхущ Руслан зи унафэщI «Рассвет-Н» ООО-м и гъэш фермэр.
Iэбгъэр зэрыт фэхум дыщихьэм, абы Iуэху щызыщIэу дэт щIалэ гупыр къытпежьащ. ФIэхъус зэхыным къадэкIуэу, дэ дыщIашащ фермэм къегъэщIылIа псэуалъэ нэхъыщхьэм и пэш Iэхуитлъэхуитым.
Япэу дэ псэлъэгъу тхуэхъуар Iэбгъэм и тхьэмадэ Щокъуий Албэчщ. - Мыр гъэш фермэщ, Iэщыр Нэхущ Руслан къызэригъэпэща обществэм ейщ. Дэ абы дрилэжьакIуэщ. Илъэс зыбжанэ хъуащ мыбы сызэрыщылажьэрэ. Жэм къашу 380-рэ тIыгъщ, шкIащIэхэр, щынэ цIыкIухэр диIэщ, - жеIэ абы, зыкъытхуегъазэри.
- Мы гъэм сыт хуэдэ мазэм фыкъыдэкIа? - Гувауэщ, бадзэуэгъуэр къихьауэщ. ЩIыхэдгъэкIэсар мы щIыпIэм хъуныр тэмэму къыщызэщIэрыуатэкъыми аращ. ДыкъыдэкIын ипэкIи, Iэщыр зыщIэдубыдэ бэкхъхэмрэ щIэщIхэмрэ зэдгъэпэщыжащ.
- Уэ Iэщ гъэхъуным узэрыпэрытрэ куэд щIа? - 1984 гъэ лъандэрэ мы Iуэхум сыхэтщ. Совет лъэхъэнэм XX парт съездым и цIэкIэ щыIа колхозым Iэщыхъуэу сыщылэжьащ. Къэралым унафэ зэрыхуащI щIыкIэр зэрахъуэкIати, уней хозяйствэ къызэзыгъэпэщахэм запытщIауэ, мис дыкъызэрыфлъагъущ, мыбы дыкъэкIуауэ дыщыIэщ.
- Фермэм ику иту шэуэ дапщэ къыщашыр, здэфшэри дэнэ? - Иджыпсту жэм псэфхэмрэ зи гъужыгъуэ нэсахэмрэ нэхъыбэщи, зэ къэшыгъуэу къытхуэшыр тоннитIрэ ныкъуэрэщ. Налшык дэт гъэш заводым дыпыщIащи, абы идот. Дэ езым шэ къызэрырашэкI машинэ диIэщи, пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми къыдэкIыурэ абы ирешэх. - Жэмышхэр дапщэ хъурэ? - ЦIыхуиплIым IэмэпсымэкIэ къаш. - Жэщ-махуэм жэмхэм дапщэ къыватыр? - Литр 14 - 14,5-рэ ику иту къащIыдош. - Зи унагъуэхэр къэзыгъэнауэ, гугъу зезыгъэхьу къущхьэхъум исхэр улахуэкIэ, шхынкIэ зыхуей фыхуэзэрэ? - УлахуэкIи шхынкIи зы-хуей дыхуозэ. Махуэм щэ дошхэ. - ЦIыхухэм, дауи, я улахуэр зэхуэдэкъым, ялэжьым елъытащи. Жэмышым дапщэ къихьыр? - Къишым теухуащ. Мазэм сом мин 18 - 20-м нызэрохьэс. Iэщыхъуэхэм я улахуэр сом мин 15-м ноблагъэ. - ФызыгъэпIейтейуэ, фигу нэхъ щIэныкъуэу, мыр нэхъыфI хъуарэт, едгъэфIэкIуарэт хужыфIэну фи Iуэхум сыт хэлъыр? - Тхьэм и шыкуркIэ, апхуэдэу дыщIэгузэвэн диIэкъым. Дызыгъэлажьэм и напэр тедмыхыу дызэрыбгъэдэтым хуэдэ къабзэу езыри къытхущытыжу дыкъокIуэкI, нэхъыфIыжкIи догугъэ. - Мо бжэIупэм деж къыщиж псыр дэнэ къыздикIыр? - КъыщIэжыпIэм къыщыщIэдзауэ бжьамийхэр дукъуэдиящи, псыр езыр-езыру къокIуэ. - ФыкъыздикIа унагъуэ-хэм фалъэIэсыфрэ? - Мазэм хуэзэу дэтхэнэми зы тхьэмахуэкIэ, уеблэмэ, нэхъыбэкIи зигъэпсэхуну хуитыныгъэ иIэщ, мыбдежым къытенэ цIыхухэм я бжыгъэм елъытауэ. - Албэч, Iуэху къыбдэзыщIэу нэхъ къыхэжаныкIхэм ящыщу хэт сымэ я цIэ къипIуэнт? - Iэбгъэм тесхэр куэд щIауэ дызэдолажьэ, дызэрогъэпэж, дахэуи дыкъызэдокIуэкI. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, жэмышхэу Хьэтэжьыкъуэ Джульеттэрэ КIуэкIуэ Рэмэзанрэ, Iэхъуэхэм ящыщу Щоджэн Муратрэ Батыр Аскэррэ, адрейхэ- ри. - Анзор, Iэщым ефхьэлIэн хущхъуэр тэмэму вгъуэтрэ? - Iэщыр зей Нэхущ Руслан хущхъуэкIи, нэгъуэщIхэмкIи и чэзум дыкъызэрегъэпэщ. Эпизоотологие, абы хиу-быдэ нэгъуэщI узыфэхэм яхуэгъэзауэ Iэщым мастэ яхыдолъхьэ, хущхъуэ ядохьэлIэ. ШкIэхэм, щынэ цIыкIухэм дакIэлъоплъ, жэм къашым дахэтщ. КъыжыIэпхъэщ Iэщым къеу-зыр цIыхум къеуэлIэнкIи зэрыхъунур, и гъэшымрэ лымрэ дэщIыгъуу. Аращи, Iэщым цIыхур къамыцIэлэн щхьэкIэ, а тIум я кум дэ дыдэтщ.