Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лъэпкъ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ щрикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. КIыщокъуэм и литературэ щIэиныр апхуэдизкIэ инщи, ухэIэбэ пэтми, и лъащIэм унэмысу куущ, Iуэхугъуэ куэдым я щхьэ треч, гупсысэ зэмылIэужьыгъуэхэр утыку кърелъхьэ. И лъэхъэнэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэм тхакIуэр щапэджэж къыхэкIами, абы гурэ псэкIэ зыхищIэрт лъэпкъыр зыгъэгумэщI икIи зыгъэпIейтей Iуэхухэр зыхуэдэр, и къалэмыпэ къыщIэкI тхыгъэхэмкIи абыхэм хэкIыпIэ къахуигъуэтыну, кIуэрабгъухэр яритыну хущIэкъурт. КIыщокъуэм и цIэр уахътыншэ ищIащ абы и IэдакъэщIэкIхэр псэуныгъэм къыхэкI къэхъугъэхэм дапщэщи жэуап иратыфу зэрыщытым, ахэр щIэблэм гъащIэ гъуэмылэ яхуэхъуну къару зэраIэм.
Бадзэуэгъуэ мазэр КIыщокъуэ Алим и мазэу ди щIыналъэм щекIуэкIынущ. КъБКъУ-м щызэхэта, «Скъар Iувхэм къыпхыIукI макъ» («Через толщу гранита») зыфIаща литературэ зэIущIэр а пIалъэм къриубыдэу къыхалъхьэну жэрдэмхэм языхэзщ. ТхакIуэшхуэм и цIэкIэ зэхаша зэIущIэм кърихьэлIащ Дагъыстэным, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь щIыналъэм щыщ тхакIуэхэр, литературэхутэхэр, лъэпкъыбзэхэмкIэ къыдэкI журналхэм я IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхуэсым хэтащ республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ пашэхэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, БищIо Борис сымэ, КъБКъУ-м и профессор Кучуковэ Зухра, тхакIуэхэу Беппаев МутIалип, Додуев Аскэр, Хьэту Пётр, Щоджэн Риммэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм хэтахэм я псалъэм къыхэщащ КIыщокъуэ Алим адыгэ литературэм и классикыу къыщIэлъытэн хуей щхьэусыгъуэхэм къыщегъэжьауэ и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэхэм епха гукъэкIыжхэр.
«Сыт хуэдэ тхыгъэри гъащIэ кIыхь ещI абы къыщыIуэта гупсысэр зэрызэIуща бзэм и къабзагъым, дахагъым, шэрыуагъым. КIыщокъуэ Алим ящыщт зи гупсысэр екIуу адыгэбзэм къизыгъэзагъэхэм. Абы къиIэта Iуэхугъуэхэм уащыпхрыплъкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым апхуэдизыр анэдэлъхубзэкIэ къызэриIуэтэфам, и тхыгъэхэм ящитIэгъа фащэр анэдэлъхубзэм и макъ плъыфэбэхэм зэщIэжьыуэ зэращIам. КIыщокъуэр пэжым и телъхьэу, ар бзыщI имыIэу утыку зэрищIыфам и щыхьэтщ и тхыгъэхэм гъуэгу ирамытыну къыпэщIэувауэ зэрыщытар. Дауи, и къалэмыпэм зэригъабзэ бзэр IупщIу щымытамэ, абыхэм цIыхухэр щеджэкIэ, тхакIуэм зи гугъу ищIыр нахуэу я нэгу къыщIамыгъэхэьфыну щытамэ, КIыщокъуэр зыхэтыгъауэ щыта псалъэмакъ мыфэмыцхэр къэхъеину къыщIэкIынутэкъым. Ауэ абы фIыуэ илъагъурт къызыхэкIа лъэпкъыр, ар ефIакIуэмэ, гъуэгу захуэм тету зиужьмэ нэхъ къищтэрт тхакIуэми, и къалэмыр абы хуигъэлъащэрт, цIыхухэми ар къагурыIуэрти, и псалъэр къалъыхъуэрт. Сэ къысхуэщIэжыркъым КIыщокъуэм и тхылъ зэбгрымыкIыу тыкуэнхэм къыщIэнэу щыщыта лъэхъэнэ. Лъэпкъым тхакIуэшхуэу укъилъытэныр зэлъыта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр – бзэр къабзэу зегъэкIуэныр, гупысысэр шэрыуэу къэIуэтэныр, ар цIыхубэм гъуазэ яхуэхъуныр – шэч хэмылъу, КIыщокъуэ Алим къехъулIащ. Аращ ар лъэпкъ литературэм и классик зыщIыр, и тхыгъэхэм къащIэIукI макъыр сыт хуэдэ лъэхъэни пэджэжу щIыщытыр», – жиIащ балъкъэрыбзэм хуэдэу адыгэбзэри дахэу зыгъэIурыщIэ, тхакIуэм и тхыгъэхэр зэрытха бзэмкIэ зыщызыгъэгъуазэ профессор Кучуковэ Зухра.
Литературэ зэхуэсыр щызэхэт махуэм КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэм тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт къызэригъэпэщащ. Мыбдеж щагъэлъэгъуащ илъэс зэмылэужьыгъуэхэм КIыщокъуэм къыдигъэкIа тхылъхэр. ГъэщIэгъуэн дыдэт уеплъыну Хэку зауэшхуэм ипэкIэ тхакIуэм дунейм къытригъэхьа тхылъхэр, абы къыщыкIуа усэхэр иужькIэ и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ебгъэпщэжыну. Апхуэдэу гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIиубыдащ КIыщокъуэ Алим и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр къызыхэщыж сурэтхэр, архив тхылъымпIэхэр, и тхыгъэхэм иращIэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыт къыдэкIыгъэхэр. Къыхэгъэщын хуейщ зэIущIэм зыщытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм гъэлъэгъуэныгъэр пэджэж фIэкIа умыщIэну гъэпсауэ зэрыщытар, щхьэж и къэпсэлъэныгъэм хуэфэщэн теплъэгъуэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу гъэлъэгъуапIэм зэрытрагъэзэгъар.
ЗэIущIэм хэтахэм я лэжьыгъэр къризэщIакъуэжу тхакIуэм и фэеплъ скъарыр здэщыт щIыпIэм кIуащ, удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь зы дакъикъэ хуэщыгъуащ.
КIыщокъуэ Алим и усыгъэхэм къыхэха псалъэхэр фIэщыгъэ зыхуэхъужа литературэ зэIущIэр хабзэ хъуауэ илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызытехьэ гъэ еджэгъуэщIэм курыт еджапIэхэм КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ тхыгъэхэмрэ ятеухуа зэIущIэхэр, дерс зэIухахэр, мастер-класс зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхашэнущ, зэпеуэхэр къызэрагъэпэщынущ.
ШУРДЫМ Динэ.