Мэкъуауэгъуэм и 26-р Наркоманиемрэ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу щэнымрэ пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир наркоманием ехьэлIа профилактикэ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэм, апхуэдэуи школакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ.
- Фэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ ивогъэкIуэкI икIи гуапэщ сыт щыгъуи жыджэру а Iуэхум фызэрыхэтыр, гудзакъэ зэрыфхэлъыр. Нэрылъагъущ абы фызэригъэпIейтейр, хьэкъ тщохъу ди республикэм имызакъуэу, къэрал псом и къэкIуэнур дзыхь зэбгъэз хъунухэм я IэмыщIэ зэрилъыр, - къыхигъэщащ Мамхэгъ Назир.
ЗэIущIэм и кIэухыу Мамхэгъ Назир наркоманием зэрыпэ-щIэт Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ къазэрыдэлажьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ гъащIэмрэ щIалэгъуалэр гъэсэнымрэ жыджэру зэрыхэтым папщIэ министерствэм и щIыхь тхылъыр яритащ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым хэт, Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №7-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ ЦIыпIынэ Заремэ, республикэм и министерствэхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ. Гулъытэ зыхуащIахэм яхэтщ Калюжный Н. Г. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №7-м и кадет классым и еджакIуищ.
Налшык къалэм и школхэм щIэсхэм ящыщ еджакIуитIым ящIа сурэтхэр иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м, курыт еджапIэ №7-м и кадет классым щеджэ Хъыдзэдж Софье Iуэхум теухуа усэ къеджащ.
УАРДЭ Жантинэ.