ФИ МУРАД ПСОМИ ФАЛЪЭIЭСЫНУ, НЫБЖЬЫЩIЭХЭ!

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек курыт школыр къэ­зы­уххэм гуапэу ехъуэхъуащ, мы махуэхэм республикэм къы­зэрыщIагъэкI гуфIэгъуэ пшыхьхэр зэрыщекIуэкIым щхьэкIэ. 

«ГъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ лъэхъэнэщ иджыпсту фызэрытыр. Фэ зэпыфчащ япэу уэзджынэр къыщыфхуеуам къы­щыщIэдзауэ аттестатыр къыватыжыным нэс къызэ­щIэ­зыубыдэ гъуэгуанэ кIыхь, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмрэ купщIафIэ­хэмкIэ гъэнщIауэ. Курыт школыр къэзыуххэм, абыхэм я егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм сигуми си псэми къабгъэдэкIыу со­хъуэхъу а къэхъукъащIэ дахэмкIэ. 
Нобэ фызытехьэ гъуэгуанэщIэм щызыIэрывгъэхьэну ехъу­лIэ­ныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъунур школ илъэсхэм зэвгъэгъуэта щIэ­ныгъэхэращ, зэфIэкIхэращ. Дэтхэнэми фиIэжщ мурадхэмрэ ­хъуэпсапIэхэмрэ. Фэ зи щIалэгъуэхэм фи зыужьыныгъэм хуэгъэпса Iэмал куэдыщэ щыщыIэщ нобэ ди къэралым. Абыхэм ящыщу сыт хуэдэ унэтIыныгъэр къыхэвмыхми, ар щIэныгъэм пыщэн е лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэн ирехъу, нэхъыщхьэр фи мурадхэм фалъэIэсу, цIыхухэм сэбэп фахуэхъуу фыпсэунырщ. Ерыщу фыхуэкIуэ фи мурадхэм, факъыпимыкIуэт лъэпощхьэ­похэм. ИтIанэщ фи хъуэпсапIэхэр нахуапIэ щыфхуэщIынур. 
Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым, фIыуэ тлъагъу Урысейм я къэкIуэнур зыухуэнур фэращ. Си фIэщ мэхъу фи хъыбарыфIхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрыIунур, фэ къэрал зыужьыныгъэм хуэфщIа хэлъхьэныгъэхэм дызэрыригушхуэнур. 
Узыншагъэ быдэ, зэпэщыныгъэ фиIэну, зи щIалэгъуэхэ. Фи ­мурадыфI псоми фалъэIэсыну. 
Гъуэгу махуэ фытехьэну, курыт школыр къэзыуххэ!» - къы­хегъэщ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу псалъэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.