НыбжьыщIэхэм я узыншагъэр хъумэным, щIэныгъэ куу ябгъэдэлъхьэным хуэгъэпса еплъыкIэщIэхэр къыхыхьэ зэпытщ егъэджэныгъэ IэнатIэм. 2019 - 2020 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу IэнатIэм и лэжьыгъэм къыхалъхьа IуэхугъуэщIэхэм ящыщщ жып телефонхэр школым къыщыгъэсэбэпыныр мардэ хэхам игъэувауэ щытыныр. А жэрдэмыр иджыблагъэ къыхилъхьащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и пашэ Матвиенкэ Валентинэ.УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Роспотребнадзор, Рособрнадзор IэнатIэхэр щIыгъуу а Iуэхум теухуауэ нэхъапэIуэкIэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хамэ къэрал куэдым сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ жып телефоныр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм унафэ щхьэхуэ тещIыхьауэ зэрыщытыр. Апхуэдэуи Iуэхум халъытащ еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ я еплъыкIэхэр къэзыхута ВЦИОМ-м къита хъыбарри. Апхуэдэ къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, жып телефонхэр къэгъэсэбэпыныр мардэ хэхам щитын хуейщ, нэгъуэщI мыхъуми дерсхэр щекIуэкIым деж. Псори зыхуэунэтIыжар сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я узыншагъэр хъумэнырщ, егъэ- джэныгъэ-гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэнырщ.
ФокIадэм и 1-м ирихьэлIэу УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту, Роспотребнадзорымрэ Рособрнадзорымрэ я унафэщIхэу Поповэ Аннэрэ Кравцов Сергейрэ я IэщIэдзхэр зыщIэлъ «Мобильнэ связымкIэ Iэмэпсымэхэр курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпынум теухуауэ» методикэ чэнджэщхэр дунейм къытехьащ. Къэралым и щIыналъэ псоми щызэбграгъэха а дэфтэрым зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ дэфтэрым и мурад нэхъыщхьэри, Iуэхум тещIыхьауэ дуней псом щызекIуэ мардэхэмрэ хабзэхэмри, еджапIэхэм жып телефонхэр къызэрыщыгъэсэбэпын хуейм ехьэлIа езы чэнджэщхэри. Къапщтэмэ, жып телефоныр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къызэрагъэсэбэп щIыкIэм гулъытэшхуэ щыхуащI хамэ къэралхэм. Абыхэм я дохутырхэм, психологхэм зэрыжаIэмкIэ, жып телефоным куэдрэ «ис» сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я психикэм, гурыхуагъэм, набдзэгубдзаплъагъэм сэкъат ягъуэт. Апхуэдэ сабийхэр къэгубжьрейщ, гупми нэхъ хэзэгъэгъуей мэхъу. А псори къалъытэри, Австралиеми, Бельгиеми, Инджылызми, Канадэми, Малайзиеми, Нигериеми, Франджыми, Узбекистанми, Угандэми, нэгъуэщI хамэ щIыналъэхэми куэд лъандэрэ къыщащтащ жып телефоныр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къызэрагъэсэбэпыпхъэм епха чэнджэщхэр. Ар къэрал Iуэху нэхъыщхьэхэм халъытэ, сыту жыпIэмэ щIэблэм и узыншагъэм, абыхэм ябгъэдэлъ зэхэщIыкIымрэ щIэныгъэмрэ зэран хуэхъу Iуэхугъуэу щытщи.
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм диIыгъщ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм жып телефонхэр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къызэрагъэсэбэпыну мардэхэм ятеухуауэ къыдигъэкIа чэнджэщхэр. Абы и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, еджакIуэхэм жып телефоныр къагъэсэбэпыныр гъэмэщIэныр нэхъыбэу зэхьэлIар дерсхэр щекIуэкI зэманырщ. Адэ-анэхэм зыпащIэнумэ е нэгъуэщI IуэхукIэ хуей хъумэ, ар сабийхэм къагъэсэбэп хъунущ урок зэхуакухэм, урок нэужьым.
Телефоным куэдрэ«уисыным» зэраныгъэу къихьхэм, Iуэхум хэлъын хуей мардэхэм ятеухуа инструкцэхэр, сурэтхэр нэрылъагъуу еджапIэхэм фIэлъын хуейщ. Лэжьыгъэм хэтын хуейщ IуэхущIапIэм и унафэщIхэри, егъэджакIуэхэри, психологхэри, адэ-анэхэри.