УТЫКУР ЗЫГЪЭФIЭРАФIЭ

Шэрджэс Iэсият Налшык дэт Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ пажэщ, и макъ дахэр цIыхухэм я гум дохьэ. Iэсият Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск къалэм макъамэмкIэ школымрэ училищэмрэ къыщиухащ. Абы и ужькIэ щеджащ Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторэм, ар диплом плъыжькIэ къиухащ.

 Бзылъхугъэм и лэжьыгъэр фIыуэ елъагъу, Макъамэ театрым и пщIэр зэрыиныр жеIэ:

- Ди Макъамэ театрыр Кавказ псом щыIэхэм къахощ. Псалъэм щхьэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэс филармонием зы камернэ оркестр закъуэ иIэу аращ. Симфоние оркестр щыIати, ари лэжьэжыркъым, Даур Аслъэн дунейм зэрехыжрэ. Москва, Санкт-Петербург, Ярославль къалэхэм, Абхъазым, Тыркум, Израилым - куэдым сыщыIащ. Сэр-сэру ди театрым и уэрэджыIакIуэхэр абыхэм щызэхэсххэм езгъапщэрти… дыдейхэр зыхэзбжэр нэхъыфI дыдэхэрат. Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий сымэ уедэIуэныр сыт и уасэ!

Шэрджэсым и псэм фIэфIу къыхиха IэщIагъэр и сабиигъуэм къыщежьащ. Унэм сытым дежи къыщеуэрт Бах, Моцарт сымэ я макъамэхэр. И адэ-анэм трагъэгушхуащ. Япэ дыдэу утыкум щигъэзэщIауэ щытащ Тхьэбысым Умар итха «Си нанэ» уэрэдыр.  

- Си IэщIагъэр къыхэсхыным си адэрат сытезыгъэгушхуар. Езыр зоотехникт, ауэ макъамэр и псэм хэлът: илъэс 20-м щIигъукIэ «Iэдииху» ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтащ, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсын фIэфIт, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт, тхылъ куэди къыдигъэкIащ - Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ, - жеIэ Iэсият.

Театрым роль куэд щигъэзэщIащ, дэтхэнэми пэлъэщащ, и джэгукIэмкIэ цIыхухэр къыдихьэхыу. Езым зэрыжиIэмкIэ, ролхэм хэдэркъым, къыхуагъэфащэм пэроувэ.

- Театрым щыбгъэзэщIэнур къыпхуагъэфэща ролырщ. «Сэ мыбы сыхуейкъым», - жыпIэну къезэгъыркъым. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, Листов и «Севастопольский вальс»-м хэт Нинэ и ролыр къыщызатам, Iэнкун сыкъэхъуат, абы и хьэл-щэныр сигу ирихьыртэкъыми. ИтIанэ, сеувалIэри, ар зыгуэркIэ бгъэзахуэ хъуххэнумэ, Iэмалу щыIэр къэзгъэсэбэпащ, театреплъым цIыхубзыр игу иримыхьми, фIэгуэныхь хъун хуэдэу, - къыхегъэщ уэрэджыIакIуэм.

Шэрджэс Iэсият и ролхэм ящыщу псом нэхъ игу къинэжар консерваториер къыщиухым Пуччини и «Мадам Баттерфляй» оперэм зэрыщыджэгуаращ. «Евгений Онегин»-м хэт Ларинэ Татьянэ, «Къамботрэ Лацэрэ» хэт Лацэ сымэ я ролхэри зыхилъхьэ щыIэкъым.

- Америкэм щыщ капитанымрэ Японием щыщ хъыджэбзымрэ я лъагъуныгъэщ зытеухуар «Мадам Баттерфляй»-р. Оперэр щызэпкърысхым, Японием щыпсэухэм я хьэлхэм щыщ куэдым хэслъэгъуащ адыгэ щэн. СфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат: ди курсым сэ зырат адыгэу щIэсри, роль нэхъыщхьэр къыщыслъагъэсам, си адэ-анэр хуабжьу щыгуфIыкIат. Абы лъандэрэ согъэзащIэ, мадам Баттерфляй къызэрихьэ ариер («Ария надежды»). Ларинэ Татьянэ («Евгений Онегин»), Лацэ («Къамботрэ Лацэрэ») я ролхэри нэхъ сфIэфI дыдэхэм ящыщщ, - къыхегъэщ Iэсият.

Макъ дэшеикIэ-къешэхыкIэкIэ зыкъомкIэ зэщхьэщокI Iэсият игъэзащIэ уэрэдхэр. Абы къегъэлъагъуэ, бзылъхугъэм и макъыр зэрыхуейм хуэдэу зэриукъуэдиифыр. Ар уэрэджыIакIуэм и дежкIэ икIи Тхьэм кърита зэчийщ, икIи гугъу ехьу ипсыхь зэфIэкIщ. Уэрэд лIэужьыгъуэхэм ящыщу нэхъ гугъуу къелъытэ акапеллэр:

- Акапеллэ жыхуиIэр сфIэфIщ сэ егъэлеяуэ - макъамэ Iэмэпсыми хэмыту, уи макъ къабзэмкIэ уэрэдыр жыбоIэ. Ауэ ар макъ зэгъэпэща, зэманми тIэкIу ипсыхьа уимыIэу пхужыIэнукъым. Абы ухуеджэни, зыхуэбгъэсэни, зыхуэбгъэхьэзырыни хуейщ. Уэрэд жыIэн IэщIагъэм и гъуэгу кIыхь къызэпыпча нэужьщ абы ущыхуэкIуэр, - жи.

Шэрджэс Iэсият езыми етх уэрэд. КъБКъУ-м и «Амикс» гупым я студием долажьэ абы и IуэхукIэ.  Тхьэзэплъ Хьэсэн и рубаи зыбжанэми макъамэ хуитхауэ щыIэщ. Бзылъхугъэ гуащIафIэм мурадхэр и куэдщ лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ теухуауэ.

НАФIЭДЗ Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух