ЗАУЭМ ЩЫЩIИДЗА МАХУЭ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ илъэс 83-рэ щрикъу махуэм  екIуэкIа «Фэеплъ уэздыгъэ» лIыхъужьыгъэ-хэкупсэ акцэм хэтащ КъБР-м  щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ.

 Абы кърихьэлIащ республикэм щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым щыщхэу Мэкъушэ Русланрэ Бобылев Валентинрэ.

 Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник  Мамхэгъ Назир къызэхуэсахэр къыхуриджащ ди Хэкур яхъумэу зи гъащIэр зытахэр  ящымыгъупщэну.

- Ди щхьэр яхудогъэщхъ лIыгъэ зезыхьахэм. Ди адэхэм, адэшхуэхэм я гъащIэм емыблэжу Урысейр кърагъэлащ. Дэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ абыхэм я лIыгъэр.  Нобэ лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхухэм  аргуэру къагъэлъагъуэ лIыгъэрэ щIыхьрэ.  Урысейм и дзэ къулыкъущIэхэмрэ  добровольцхэмрэ  я щIыр яхъумэ, пэжагъым щIэбэну.  Дэ къытхуагъэува лъагапIэр зыIэщIэдгъэкIыну дыхуиткъым.  Нобэ дэ дотх дуней псом и тхыдэщIэ. Мамырыгъэ щыIэн хуейщ, лъэпкъ зэхэгъэж, пцIырэ хьилагъэрэ хэмылъу. Фи фIэщ фщIы ди къару псори зэретхьэлIэнур ди Хэкум и ефIэкIуэныгъэм, - къыхигъэщащ Мамхэгъ Назир.      

Къызэхуэсахэр Хэку зауэшхуэм  хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу, дакъикъэкIэ щымащ.   

Республикэм ис Муслъымэнхэм я дин  IуэхущIапIэм и  тхьэмадэм и къуэдзэ Джэдгъэф Аслъэн Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэдахэм  папщIэ дыуэ яригъэщIащ, Налшык къалэм,  Псыхуабэ, Черкесск епархием и благочиннэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым хэт Бобылев Валентин тхьэ яхуелъэIуащ. 

Апхуэдэуи къызэхуэсахэм  зыхуагъэзащ Мэкъушэ Русланрэ КъБР-м  къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ.  

         АдэкIэ полицэм и кадет классым щеджэхэм шэху уэздыгъэ пыгъэнар Мамхэгъ Назир IэщIалъхьащ.

         Зауэ губгъуэхэм  щыхэкIуэдахэм я фэеплъ нэхум пщIэ хуащIу  къызэхуэсахэм шэху уэздыгъэхэр пагъанэри, хабзэхъумэ зауэлI хэкIуэдахэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.

                                                         ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.