ФЭЕПЛЪ МЫКIУЭДЫЖ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Урысей гвардием и лэжьакIуэхэри хэтащ щIыналъэм и щыхьэрым, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм деж  щекIуэкIа «Фэеплъ уэздыгъэ» урысейпсо акцэм.

Абы кърихьэлIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм  дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI, полицэм и полковникыу отставкэм щыIэ Хужьокъуэ Руслан, щIыналъэ органым и гупыр, республикэм и унафэщIхэм, ветеран IуэхущIапIэхэм, хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэр, юнармейцхэмрэ къалэдэсхэмрэ. 

 Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Налшык къалэм Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я ветеранхэм я советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа  икIи къызэхуэсахэр къыхуриджащ Хэкур зыхъумахэм я фэеплъыр зэи ящымыгъупщэну.

Акцэм хэтхэм  шэху уэздыгъэхэр пагъанэри, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ, удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ «Фэеплъым и МафIэ мыужьых» мемориалым деж.

- ЦIыху мелуан пщIы бжыгъэхэм я гъащIэр зыхьа  Хэку зауэшхуэр напэкIуэцI гуузу, тщымыгъупщэу къыддекIуэкIынущ. Ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, ди Хэкум игъэва гугъуехьхэр тщыгъупщэ хъунукъым. ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ! Зыри тщыгъупщакъым! -  жиIащ  полицэм и  майор Лыкъуэжь  Маринэ.      

                                                                                     УАРДЭ     Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.