ДэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну хьэзырщ

КIуэкIуэ Казбек хуэзащ ди лъахэгъу, Урысейм и Лъэпкъ гвардием Луганск ЦIыхубэ Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI генерал-майор Мамаев Бузжигит.

Ахэр тепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэм, нэхъыщхьэу и гугъу ящIащ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ ди щIалэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунымкIэ зэфIагъэкIыпхъэхэм.
«Нобэ щыIэ щытыкIэр къэплъытэмэ, щIыналъэщIэм хабзэр хъумэнымкIэ, шына­гъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ щыIэ IэнатIэм къулыкъу щепхьэкIын папщIэ лIыгъэшхуэ, Iэзагъэ, зэфIэкI къызэрымыкIуэ пхэлъу, къищынэмыщIауэ, цIыху мамырхэр пхъумэн папщIэ сыт хуэдэ дакъикъэми дзэ къалэнхэм узэрыпэрыхьэфын хэлъэт уиIэу щытын хуейщ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм икIи Мамаев Бузжигит жэуаплыныгъэ зыпылъ и къулыкъум ехъулIэныгъэ щиIэну ехъуэхъуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы