Террорым пэ­щIэтынымкIэ комиссэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэпхъаджагъэ къы­­щымыгъэхъун IуэхукIэ Террорым пэ­щIэтынымкIэ комиссэм и зимычэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 
Зэхуэсым хэтащ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ дзэм и лэжьакIуэхэмрэ. Оперативнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зрагъэуIуащ. 
Республикэм иджыпстукIэ щытыкIэр щы­зэпIэзэрытщ. ЦIыхубэр шынагъуэ псоми щыхъума хъун папщIэ, ягъэзэщIапхъэ псори и чэзум зэфIагъэкI. 
Гулъытэ хэха хуащIу кIэлъоплъ цIыху зэхуэсыпIэхэм, транспорт зэблэкIыпIэхэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм, къинэмыщIхэм. 
Республикэм и Iэтащхьэм цIыхубэр хуигъэсэкъащ интернетымрэ хъыбарыбэ зэ­пыщIапIэхэмрэ къагъэщхьэпэу, хъыбар нэпцIхэр зэбгрызыутIыпщыкIхэм я дзыхь ирагъэзыным. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм солъэIу зыр адрейм щIыпэщIэувэжын щхьэусыгъуэ къэзыгъэхъеину хуейхэм зыкърамыгъэгъэпцIэну. Унафэ зыIэ­щIэлъхэм жаIэм фIэкIа, зыми дзыхь хуэвмыщI», - щитхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм каналым. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.