Натхъуэдж - Абазэхэ гъуэгухэр

Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэ­нэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ. 

АДЫГЭЩIЫМ тIасхъэщIэхыу ита, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьауэ щыта и тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «…Анапэ къы­щыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху адыгэ щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ ­къохъу, тыркухэм сату дащIын щхьэкIэ».
Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэ­гу­хэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэм зэдащIырт, гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу. 
Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков-Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщащ «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэту щыта цIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: ­«Хъу­пIэжьий (ХьэфIыцIей, Геленджик) пэмы­жыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм ­(метр 819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. … Ахэр иризэхэзекIуэгъуафIэу щытауэ пху­жыIэнутэкъым, лъагащэу зэраIэтам къы­хэ­кIыу. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэ­гум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар».
Бгы щыгухэм гъуэгухэр ирагъэкIуэныр, шэч хэмылъу, щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэкIауэ щытащ. Япэрауэ: а зэманым абазэхэхэм я нэхъыбапIэр Лабэ, Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, Пшыш, Псэкъупс и псыхъуащхьэхэм дэсащ. Ахэр ири­зэкIэлъыкIуэну къурш щхьэдэхыпIэхэр куэд­кIэ нэхъ тыншт. ЕтIуанэрауэ, мыбдежым щIыр щынэхъ быдэщ, щыуэтIпсытIхэми къэ­мытIатIэу. Ещанэрауэ, зекIуапIэхэр шытх ­щы­гу­хэм зэрытращIыхьым зауэ зэманым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт: зи щхьэхуитыныгъэр зы­хъумэ шэрджэс щIыналъэм щыпсэу­хэр абы­хэмкIэ шынагъуэншэу иризэкIэ­лъы­кIуэрт. Псыжь адрыщIкIэ щыIэ тафэ щIы­пIэхэм щып­хаша гъуэгухэр адыгэщIым къа­фIихьэ уры­сыдзэхэм, топхэр зыщIыгъухэм, зэхафы­щIэрт, бжьыхьэ уэлбанэрилэм деж къахэнэж щIагъуи щымыIэу.
Урысей къэралыгъуэжьым и гъунапкъэхэр Кавказым гъунэгъу къыщыхуэмыхъум, адыгэ­хэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ сату IуэхукIэ быдэу зэпыщIат. Абы къыхэкIыу, а зэманми гулъытэшхуэ хуащIырт гъуэгухэм я фIагъым. 
Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, КIахэм щыщу Натхъуэдж (иджырей Анапэрэ Геленджикрэ нэхъ пэгъунэгъуу щытар) щIыналъэрат гъуэгу нэхъыфIхэр здэщыIэр. «Ахэр ямы­Iэу Шэрджэсыр псэуфынутэкъым, мамыр зэманми зауэ лъэхъэнэми», - дыкъыщо­джэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхыгъэхэм ящыщ зым.
Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуапхъэщ адыгэ­хэм мы IэнатIэм Iэзагъэшхуэ халъхьэу зэры­щытари. Лэжьыгъэхэм щынэхъыщхьэр гъуэгу­хэр захуэ щIынрати, абы папщIэ пхъэм къыхэщIыкIа банэлъэхъур къагъэсэбэпырт. Ар адэкIэ-мыдэкIэ къралъэфэкIыурэ, щIыр зэфэзэщ ящIырт. Гъуэгухэр щыпхашкIэ, мэз кусэ цIыкIуу зэхэкIэжа щIыпIэхэрат къыхахыр. Жыгышхуэхэр выхэмкIэ къыхатхъырти, щIыр яубэжырт.
Псом япэу зэгупсысыр выгу, шыгухэр зэб­лэкIыфу зэрыщытынрат. Абы къыхэкIыу ­гъуэгухэр яукъуэдийрт, псэлъафэм къызэ­рыхэщыжщи, «зы къуэрагъ хуэдиз и бгъуа­гъыу» - нэгъуэщIу жытIэмэ, «IэплIакIуэм» метри 3,5-рэ къызэщIрагъэубыдэу.
Яухуэ гъуэгум и кIыхьагъыр къыхахырт зы махуэ-махуитIым зэфIагъэкIыфын хуэдэу. Ягу ирихьа щIы Iыхьэр пхъэIэщэкIэ явэрт. Къыбгъурыт мэз кусэ цIыкIухэм еIусэртэкъым, абыхэм я лъабжьэхэм щIы щхьэфэхэр зэрызэтраIыгъэм къыхэкIыу. Выгу зекIуа­пIэхэр быдэ ящIын папщIэ, пэмыжыжьэу къыщIах ятIагъуэр абыхэм тракIутэрт, псы зэрызыщIимышэм къыхэкIыу.
ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.