КъБР-м и Музыкэ театрым мэкъуауэгъуэм и 21-м щызэхуащIыжащ «Къэбэрдей-Балъкъэр-2024» лъэпкъыбэ кинофестивалыр. Пшыхь гуапэр ирагъэкIуэкIащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и къэфакIуэ Дер Иринэ, Музыкэ къэрал театрымрэ «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблымрэ я къэфакIуэ Гуртуевэ Лейлэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, урысейпсо, дунейпсо кинофестивалхэм я къызэгъэпэщакIуэ Новожилов Сергей.
Пшыхьыр къафэкIэ къызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ артист Атэбий Игорь зи художественнэ унафэщI «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и артистхэм.
«Къэбэрдей-Балъкъэр-2024» кинофестивалым кърикIуахэм щриплъэжым, къыхагъэщащ ар гукъинэж зэрыхъуар. ХьэщIэхэр киногъуазджэм и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм кIэлъыплъащ, щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм (Гуэл ЩхъуантIэхэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Балъкъэр Ипщэм) зыщрагъэплъыхьащ, я нэгу зыщрагъэужьащ. Зи щэнхабзэкIэ, динкIэ зэщхьэщыкI лъэпкъ зэмылIэу- жьыгъуэхэр фестивалым и махуитхум зэхуэгуапэу, зэгурыIуэ яку дэлъу зэхыхьэхэм хэтащ икIи я зэпыщIэныгъэр нэхъри ягъэбыдащ, икIи шэч хэлъкъым хэгъэрейхэми хьэщIэхэми гукъинэж зэращыхъуам.
Гъуазджэм и махуэшхуэ хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIа творческэ пшыхь гъэщIэгъуэнхэр. Актёр IэзагъэмкIэ егъэджакIуэ, театрымрэ киномрэ я актёр цIэрыIуэхэу Латушкэ Иван, Назаров Юрий, Костинэ Еленэ, Нечитайлэ Полинэ, Колосов Максим, Беляев Станислав, Ливанов Аристарх, Судец Татьянэ, Чернецкий Руслан, Красько Ольгэ, Крайновэ Янэ, Капустин Вадим, Перадзе Георгий, Алексеев Артём, Бутенкэ Владимир, Запорожский Кирилл, Зацепин Антон, Меспорян Андраник я мастер-классхэр щIэщыгъуэт икIи купщIафIэт. Пшыхьхэм екIуэлIахэм абыхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Ди артистхэу Балъкъэр Тамарэ, Хьэмыку Жаннэ, Хьэщхъуэжь Ислъам, Шыкуэ Аскэр, Хьэткъуэ Дианэ, Нэгъуей Заур сыми Iуэхум жыджэру хэтащ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кинофестивалыр и кIэм нэблэгъащ. Киногъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм IэмалыфI яIащ кинотеатрхэм иджыри щамыгъэлъэгъуа фильм нэхъыфIхэм еплъыну, – жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. – Хабзэ зэрыхъуауэ, Iуэхум дяпэкIи къыпытщэнущи, къыкIэлъыкIуэну зэхыхьэми хьэщIэхэр иджыри фыкъытхуеблэгъэну ди гуапэщ! ФIыкIэ дызэхузэ!
Кинофестивалым и кIэух пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ хьэщIэхэмрэ ди республикэм и артистхэмрэ. Чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ ятеухуа усэ къеджащ киноактёр Бутенкэ Владимир. Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Мэкъуауэ Астемыр игъэзэщIащ куэдым фIыуэ ялъэгъуа, тхыдэ хьэлэмэт зиIэ «Лучший город земли» уэрэдыр.
УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, «Спокойной ночи, малыши!» нэтыныр илъэс куэдкIэ езыгъэкIуэкIа Судец Татьянэ налшыкдэсхэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ икIи къыхигъэщащ Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщигъэпсэхуну, бгым лыжэкIэ къыщижыхьыну зэрыфIэфIыр, Налшык къалэм и дахагъэм зэрихьэхуар. Пшыхьым ар къыщеджащ «Моя святая Русь» усэм.
КърихьэлIахэм апхуэдэу я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэ Месропян Андраник, театрымрэ киномрэ я актёр Колосов Максим, Беларусь Республикэм щIыхь зиIэ и артист, киномрэ театрымрэ роль куэд щызыгъэзэщIа Чернецкий Рустам, театрымрэ киномрэ я актёр Алексеев Артём, «Дыщэ грамофон» лъэпкъ саугъэтыр къэзыхьа, «Фабрика звёзд» проектым щытекIуа, актёр, режиссёр, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ Зацепин Антон, «Фабрика звёзд» теленэтыным щытекIуа уэрэджыIакIуэ, актёр цIэрыIуэ Малинин Никитэ, театрымрэ киномрэ я актрисэ Красько Ольгэ, татрымрэ киномрэ я актёр Запорожский Кирилл, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэу Абэнокъуэхэ Рустамрэ Альмирэрэ, уэрэджыIакIуэ Жаникаев Эльдар, Соттаев Къанщауэ зи художественнэ унафэщI, щапхъэу къалъыта «Iуащхьэмахуэ» къэфакIуэ ансамблым, Унэжокъуэ Тимуррэ Заремэрэ зи художественнэ унафэщI «Шагъдий» къэфакIуэ ансамблым, нэгъуэщIхэми. Пшыхьыр зэхуащIыжащ Красько Ольгэрэ Колосов Максимрэ зэдагъэзэщIа «Кабардино-Балкария» уэрэдымкIэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.