ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр ­Рес­публикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм щып­сэухэу щIыналъэм и зыу­жьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIахэм щы­ты­кIэ гуапэм иту тыгъэ­хэр яри­тащ. Гулъытэ зы­хуащIахэм ящыщщ Урысей Гвар­дием и щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэхэри. 

Iуэхур щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прави­тельст­вэм и Унэм. ЗыIэрагъэ­хьа ехъулIэныгъэхэмрэ хьэ­лэлу илъэс куэд хъуауэ зэ­рылажьэмрэ папщIэ рес­­публикэм и ЩIыхь тхылъ­хэр ­хуагъэфэщащ щIыналъэ IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковникхэу Ахкобеков Жамалрэ Кузьмин Игоррэ, апхуэдэуи «Эльбрус» СОБР-м и уна­фэщI, полицэм и полковник Сунш Азэмэт.
КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм защыхуигъазэм росгвардейцхэми фIыщIэ яхуищIащ я Iуэхум зэрыхуэпэжым, я къалэнхэр нэсу зэрагъэзащIэм папщIэ.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2025 - 12:25

Гъуэзыпшэ вагъуэхэр

Къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым иджыблагъэ къытехуащ США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым щылажьэ астрономхэм ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ з

15.03.2025 - 09:03

1942 гъэм и гъэмахуэм

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэту хэкIуэдахэм я фэеплъыр - сэшхуэкIэ танкхэмрэ топхэмрэ япэщIэува шууей псэемыблэжыр - Налшык къалэм зэ къыдыхьам и нэгум къыщIонэ.

15.03.2025 - 09:03

ЛIэщIыгъуэм щхьэдэхащ

Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэр.

14.03.2025 - 09:12

ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ухуэныгъэм, коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абы ипкъ иткIи «ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр» лъэпкъ проектыщIэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ

14.03.2025 - 09:11

Псалъэмакъ щхьэпэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, «Къэрал сы­хьэтым» хыхьэу, яIущIащ Налшык къалэм предмет щхьэхуэхэр нэхъ куууэ щрагъэдж, Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ курыт школ №5-м и 11-нэ классхэм щIэсхэм.