ДЫГЪЭПС ГУАЩIЭМ И ЗЭРАНЫН

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ IуэхущIапIэм дыщегъэгъуазэ дыгъэпс гуащIэм къыхэкI щIыфэ лышхым узэрыпэщIэтыну Iэмалхэм.
Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, дыгъэпсыр хуабжьу сэбэпщ: абы Iэпкълъэпкъым и лэжьыгъэр зэтреухуэ, нэжэгужэ уещI, языныкъуэ узыфэхэмкIэ хущхъуэшхуэщ, цIыхур апхуэдизу зыхуэныкъуэ витамин Д-р зыхэлъри дыгъэпсым и закъуэщ. Арами, ультрафиолет нэбзийхэр ебэкIмэ – щхъухь мэхъу, щIыфэ лышх къыхокI. 
- Гъэмахуэм къриубыдэу илъэс псокIэ узрикъун дыгъэпс бгъуэтын, абы къыдэкIуэу лышхым зыщыпхъумэн папщIэ, и курыхыр къэгъуэтын хуейщ. Псалъэм папщIэ, ищхъэрэ щIыналъэхэм сыхьэтыр 10 хъуху дыгъэм ухигъэтынущ, сыхьэтыр 16-м пыпщэж хъунущ. Абы я зэхуаку дэлъ зэманым дыгъэм ухэмыхьэмэ нэхъыфIщ, и гуащIэгъуэщи. Гу лъытапхъэщ дыгъэпс гуащIэр уи щхьэщыгум къиту щIыбым удэт зэрымыхъунур. Щыгъыныр жьыщIэхуу, хужьу щытын хуейщ, пыIэрэ нэгъуджэрэ зепхьэмэ нэхъыфIыжщ, - жеIэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Хохловэ Ольгэ. 
Ныбжь зиIэхэм, зи щIыфэр хужьхэм, дыгъэм куэдрэ хэт цIыхухэм зыщахуэн хуейщ SPF кремыр. Ар унэм ущIэкIыным дакъикъэ 20 хуэдиз иIэжу зыщыпхуэмэ нэхъыфIщ, укъыщIыхьэжмэ, кIэрыпхыжын хуейщ. 
- Дыгъэм куэдыIуэрэ хэтхэм я щIыфэр исынкIэ, хуабэм сэкъат къаритынкIэ, я иммунитетыр махэ хъункIэ, щIыфэ лышхыр къэхъеинкIэ шынагъуэщ. Ар хуэлъэщ нэкIум, пщэм, дамащхьэм, пщэ лъабжьэм, Iэтхьэмпэм, лъэтхьэмпэм. КIэщIу жыпIэмэ, щыгъыным щIимыхъумэу, дыгъэр зытепсэхэм, - жеIэ Хохловэм. 
А лышх лIэужьыгъуэр къыпхуэцIыхунущ щIыфэм къытрищIа шыкъырымкIэ,бэджыхъым хуэдэу лъынтхуэ къытридзамкIэ, плъыжьыгъэ игъуэтамкIэ, а плъыжьыгъэм къиж уэтэпсымкIэ, щIыфэр тепIэнкIыкI зэрыхъуамкIэ, анэлыр зэрыхэхъуэмрэ зэрызихъуэжамкIэ. Апхуэдэ гуэр зыдэфлъагъужамэ, Iэмал имыIэу онколог зэгъэплъын хуейщ. 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.02.2025 - 15:02

ЗэкIэ и закъуэщ

Самбэ

11.02.2025 - 12:25

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэ

«Искож» хьэблэм щаухуа Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым япэу щагъэлъэгъуащ «Лица Кавказа» выставкэр.

11.02.2025 - 09:03

Наркотикым и бийхэр

Республикэм и курыт еджапIэхэм я командэхэм футзалымкIэ я зэхьэзэхуэ «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ. «Фэ топ» фIэщыгъэр зезыхьэ а зэпеуэр хохьэ еджакIуэхэм я футбол лигэм.

11.02.2025 - 09:03

Сом мелуан 224-кIэ нэхъыбэщ

«Урысей сетхэр - Кавказ Ищхъэрэ» IуэхущIапIэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2024 гъэм республикэм и цIыхухэм яхуищIа Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуа ахъшэр къанэ щымыIэу къыхихыжащ икIи ар сом мела

11.02.2025 - 09:03

Щапхъэхэм толажьэ

КъыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, зыдэплъеин нэрылъагъу щапхъэхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къриубыдэу къэралым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIыну