ГукъэкIыжхэр
Артист, драматург цIэрыIуэ Мурат Чэпай Исмел и къуэр Адыгэ Республикэм щыщ Блашэпсынэ къэбэрдей къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ, Мэзкуу дэт Театр гъуазджэм и къэрал институтыр, Адыгей къэрал пединститутыр къиухащ, театрым щылэжьащ. АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ къулыкъур зэрихьащ.
Мурат Чэпай и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Батыр», «Фызабэхэр», «Анэм и гукъеуэ», «КъулыкъущIэкъухэр» драмэхэр, «Лъагъуныгъэм ириджэгуркъым» комедиер, ахэр Адыгей, Къэбэрдей къэрал театрхэм куэдрэ щагъэлъэгъуащ.
Муратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, Ар-м и къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
2013 гъэм дунейм ехыжащ. Иджыблагъэ Мейкъуапэ къыщыдэкIащ абы и гукъэкIыжхэр зэрыт «Си гъащIэ - си дуней» тхылъыр. Щыгъуазэ фыдощI Мурат Чэпай и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.
Мэзкуу дыщызэроцIыху
ЦIыхухэр зытехьэ гъуэгухэр зэщхькъым. Гъуэгу благъи гъуэгу жыжьи щыIэщ. КуэдкIэ зэщхьэщокI ахэр. Зыр гъуэгу захуэщ, адрейр нэшэкъашэщ. Зым гуапагъэ щыболъагъу, уи гур щыхэщI гъуэгуи урихьэлIэнущ. Уи жагъуэ уи щIасэми, утехьэнкIи мэхъу гъуэгум - уи лэжьапIэм къалэн къыпщащI, уи пщэ къыдалъхьэри. Мылъку щхьэкIэ гъуэгу техьэри мащIэкъым - зыгуэр къеуэлIэнкIэ мэгугъэри. Уи гурыгъыр щижынкIэ мэхъу апхуэдэ гъуэгум. Iэджэ къыщоуэлIэн уи гугъэурэ уокIу гъуэгур - насыпыншэ ущыхъуауэ укъыщIидзыжынкIэ мэхъу армыхъу. Уи анэм, уи адэм деж узышэж гъуэгур дахэщ, апхуэдэщ уи цIыхугъэхэм, уи ныбжьэгъухэм уахэзышэ гъуэгури. Ущыунэхъунур пщIэнукъым: ар къащыщIащ я хэкур ябгынауэ, я лъапсэр IэщIыб ящIауэ зэгуэр гъуэгу техьахэм.
МащIэ щIакъым абы лъандэрэ, итIани абыхэм я нэгу щIэт зэпытщ я хэкужьыр, я пщIыхьэпIэм хэкIыркъым. Дунейм текъухьа хъуащ ахэр, дэнэ щIыпIи ущрохьэлIэ иджы. Америкэр тпэжыжьэщ - абыи ущрихьэлIэнущ ди лъэпкъэгъухэм. Си гъуэгухэм ящыщ зым сахишащ абыхэм. Ар зи фIыгъэр Шыкъ Мухьэмэд-Хьидщ. Сэ ар сцIыхуртэкъым, си мынэIуасэми, сыщригъэблагъэм и хьэщIэщ сихьащ, гъуэгу жыжьэр зэпысчри. Си хъыбар щыгъуазэт езыр, си гугъу зэхихауэ; себлагъэмэ, фIэигъуэу къыщысхуитхым, згъэщIэхъуакъым. Шогуэ Самир щыхьэщIат ди хэкум, Америкэм, Калифорнием нэс къикIри. Самирщ си хъыбар хуэзыхьар, си гугъу хуэзыщIар.
Гъусэ дызэхуэхъуащ: уэрэджыIакIуэ ПащIэ Ленэ, пшынауэ Iэзэ Мэкъуауэ Мухьэмэд, журналист, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, абы и щхьэгъусэ Дол Розэ. ХьэфIыцIэр къэрал куэдым щыIат, тхылъ зыбжанэ итхат хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэм, шэрджэс лIыщхьэхэм, гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэм, дзэпщхэм, къэрал лэжьакIуэшхуэхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ.
Мэзкуу дыщызэIущIащ нэрыбгитхур, дызэрыцIыхуащ. Ди хъыбар зэхуэтIуэтэжащ. Гъуэгу жыжьэр къытщIэлъщ. абы, дауи, ухимыгъэплъапIэр иIэкъым.
Гъуэгу техьэ къытенэркъым
Гъуэгу ущытехьэкIэ узрихьэлIэнур пщIэнукъым, узыпэмыплъэххами уIууэнкIэ мэхъу. Ди ежьэгъуэр къэмыс щIыкIэ Мэзкуу дыщрихьэлIащ Иорданием и посольствэм и япэ секретарь Балъкъыз Мухьэмэд. Зыбжанэ щIащ абы СССР-м и щыхьэрым къулыкъу зэрыщищIэрэ, и къуитI щригъэджащ Мэзкуу. И щхьэгъусэ Сюзаннэ Къардэнхэ япхъущ, и адэшхуэр ди къуажэм, Блашэпсынэ, дэкIащ. Балъкъыз Мухьэмэд и унэр цIыху кIуапIэщ, куэд щызэблокI, гуапагъэ, хьэщIагъэ къыщрах. Балъкъызым и унэм ихьэ хьэщIэхэм ящыщ дыхъуащ дэри.
Адыгэ гупышхуэ дыщрихьэлIащ Балъкъызхэ. Зыр Бангладеш макIуэ, адрейр - Алжирым, дэ - Америкэм.
Балъкъызхэ я деж таксикIэ дыкIуати, зыр адрейм дыщыгугъыжурэ, Мэкъуауэ Мухьэмэд и пшынэр машинэм къредгъэнащ. Сыт иджы ди Iэмалыр? ХьэфIыцIэ Мухьэмэд мэшхыдэ: «Америкэм ущIашэр узэрыпшынауэм щхьэкIэщ, армырмэ хэт къыпхуэныкъуэр?» Балъкъызхэ я аккордеоныр къыдатынущ. Аккордеон я щыпэлъагъу Америкэм, абыи щыдгъуэтынущ аккордеон. Апхуэдэ щIэщхъу къызэрытщыщIами дигъэнэщхъеящ.
Москва зы таксомотор парк къыдэднакъым. Псоми дыпсэлъащ. ЩIыр зэгуэхури я кум дэхуащ пшынэр - дгъуэтыжакъым. «Иджы сыт дгъэкIуэдынур, зи чэзур хэт?» - догушыIэ, нэщхъыфIэ дыкъэхъужащи.
Америкэм укIуэным гугъуехь пыщIакъым, гугъу узыдехьыр билет къэпщэхунырщ. Абы мазэкIи упэплъэнкIэ мэхъу. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIыхугъэт Граждан авиацэм и министрым и къуэдзэр, ар хэлIыфIыхьри, билет къытхудихащ.
Сыхьэтибгъурэ ныкъуэкIэ дытетащ гъуэгу. Кхъухьлъатэм и эконом классым исыр Америкэм щыщхэщ - дэ тхум нэмыщI. И пIалъэм дыщетIысэхащ Нью-Йорк, шэджагъуэ хъуауэ.
НэгъуэщI дуней
Кхъухьлъатэм дыкъикIащ. ДогъэщIагъуэ: къабзагъэрэ щхъуантIагъэрэ уи нэм къыIуидзэр, Iэуэлъауи и жьэ утIыпщауэ псалъи зэхэпхыркъым. ЦIыхур Iув щхьэкIэ, зэдыркъи зэжьэхэуи плъагъуркъым, нэмысрэ цIыхугъэрэщ ядэплъагъур. Ар сфIэгъэщIэгъуэнщи, зызоплъыхь, защызгъэнщIыркъым. Фыз макъ зэхэсхащ асыхьэтым. МэкIий фызыр - дызыщыгъуазэ бзэщ зэрыкIийр: «Чэзум сыхэвмыгъэт, сэ сешащ, си псэр поху, япэ сивгъэщи, сывутIыпщ!» ЦIыхубз бэвыр делэ хъуауэ къащыхъуагъэнщ: псори къоплъ, зыхуахьынур ящIэркъым. «СопIащIэ, япэ сивгъэщ!» - щIичэркъым абы. Зы цIыхухъу къехъурджэуащ, и жьэр щимыубыдыжыххэм: «Ди напэр тыбох, зэтепIэ уи тIуалэр, уи пIэ ит, чэзур къыплъысмэ, укъалъагъунщ!».
Адыгэм и псэлъафэщ: уи унэ зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ. И къэрал исыжатэмэ, емыкIу къамыщIынкIи хъунт цIыху Iувым яхэгуауэ цIыхубз щэныншэр. Хамэ къэрал уихьауэ, щIыкIейуэ закъебгъэлъагъуныр къезэгъыркъым, дауи. ЕмыкIу къызэрумыхьыным упылъын хуейуэ къыптохуэ - аращ адыгэр дызыхуагъэIущари дызыщIапIыкIари…
Кхъухьлъатэм дыкъикIри, лъэбакъуэ лей дагъэчакъым: ди тхылъи ди хьэпшыпи щIэх дыдэ къыдатыжащ, гъуэгуми дыщагъэгъуэзащ. Абдежым адыгэбзэ къабзэ зэхыдох, транспаранти къыдолъагъу: «Адыгэхэр фыкъеблагъэ!» Къытпежьахэм дахэзэрыхьыжащ. Гъуэгу дытетауи дешауи пщIэнукъым - ар дигу къэкIыжыххэркъым, фIэхъусымрэ IэплIэ ешэкIымрэ кIэ яIэкъым.
Ди бысымым хъыбар дигъэщIакIэт Нью-Йорк дэс адыгэхэр къызэрытпежьэнумкIэ. Абы и Iыхьлыи, и благъи, и хэгъэреи къыщытпежьащ Нью-Йорк. Лос-Анджелес дылъэтэн хуейт адэкIэ - кхъухьлъатэ тедзапIэм щIэх дыдэ дынагъэсащ.
Аэропортым сыхьэт нэхъыбэ дыщыгувакъым: кхъухьлъатэм дитIысхьэри, гъуэгу дытехьэжащ. Километр минитху къызэднэкIа нэужь, Хы хуэмым и Iуфэм пэмыжыжьэ Лос-Анджелес дыщетIысэхащ. Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, цIыху щитIым щIигъу къыщытпежьащ абы. НэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Германием щыпсэу, Лос-Анджелес нэс нэкIуа ХьэщIэцIыкIу Аднан. ИужькIэ Аднан Кавказым къигъэзэжащ, Налшык щопсэу. Адыгэ хэкум къэкIуэрейуэ щытащ ар, телефильм куэд щытрихащ ди деж, абыхэм иджыри къэс зыщагъэнщIыркъым Америкэм щыпсэу адыгэхэм.
Аэропортым джэгушхуэ щытщIащ, куэдым нэIуасэ, хэгъэрей дахуэхъуащ. Лос-Анжелес пэжыжэкъым дыздэкIуэн хуей къалэр - адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуар.
Анахайм
Мелуаным щIигъу цIыху щопсэу Анахайм къалэм, унагъуэ щиплIыр адыгэщ.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм дыдыхьащ, къалэм дынэсри. Нэху щыху ди нэбдзыпэ зэтетлъхьакъым, гъуэгу кIыхь къызэрызэпытчари дызэрешари къытфIэIуэхужкъым: Iэджэм щIоупщIэ унэм къыщIыхьэ-щIэкIыжхэр. Жьыи щIэи, цIыкIуи ини - Iэджэ къеблэгъащ ди бысымым деж. зыщагъэнщIыркъым хэкужьым къикIа хьэщIэхэм, куэдым щIоупщIэ, псалъэр зэпыумэ, уэрэдщ, къафэщ. Мазэ щитхащ Америкэм, япэ махуэр псом нэхърэ нэхъ гукъинэж сщыхъуауэ къысфIощI.
Адыгэхэр зыдэс къалэр Хы хуэмым и Iуфэм Iугуэшащ. Абы и уэрамхэр щхъуантIагъэм щIигъэнащ - Мейкъуапэ и уэрамхэр си нэгу къыщIагъэхьэжащ хы Iуфэм Iус къалэм и уэрам зыкъизыххэм. Къалэм щIыIэ щыхъуркъым зэи. Сочэ удыхьа хуэдэщ, жыг, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыгъунэжщ. Хамэ щIыналъэм изэгъащ къалэм дэс адыгэхэр, ахэр Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым къикIащ. Лэжьыгъэ лъыхъуэурэ зыбжанэрэ зэхэзекIуэри, Калифорнием къыщызэтеувыIащ. АбыкIэ щыуа къысфIэщIыркъым ахэр. Къалэм нэхъыбэрэ узыщрихьэлIэ унэцIэхэм ящыщщ: Гъыш, Iэпыщ, Атэлыкъ, Шыкъ, КIэдыкIуей, Мэлгуэш, Шогуэ, Цей, Шурдым. Умар, Хьэгъур, Дыгъужь, Лъостэн, Джэтауэ, Хьэкъун, ЩауэпцIокъуэ, Нэгъуей, Куэшбей, нэгъуэщIхэми. УщрохьэлIэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынахэми - ахэр нэхъ мащIэщ, жьыфи къатеуакIэщ.
Нэхъыбэм езыхэм я унэ яIэжщ. ЛэжьапIэ уIутрэ унэ ухуей хъумэ, къэралым доллар минищэрэ щэ ныкъуэрэ, мин щитI къуитынущ - илъэс щэщI, илъэс щэ ныкъуэкIэ упшыныжын хуейуэ. Фэтэр щIэсхэри яхэтщ, мазэ фэтэрыпщIэр доллар миным нос. Я унэ ущIыхьэмэ, гу лъыботэ цIыхур зэрыхуэкъулейм. Я пщIантIэхэр удзыпцIэщ, къэкIыгъэ дахэхэр дэзщ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг закъуэтIакъуэщ пщIантIэхэм дэплъагъуэр, хадэхэкIхэрщ я хадэхэм думылъагъуэхэр: абыхэм хуэныкъуэкъым - тыкуэнхэм щIэзщ пхъэщхьэмыщхьи хадэхэкIи.
ЦIыхур нэхъ мащIэ хъуа нэужь, ди бысымым щыгъуазэ дищIащ мазэм и кIуэцIкIэ тщIэн хуеймрэ длэжьыпхъэмрэ. Драгъэблэгъэн я гуапэщ Iэджэм - абыхэм я жагъуэ пщIы хъунукъым. Шыкъ Мухьэмэд-Хьид дыпэрыуакъым: адыгэм зэрыжиIэщи, къэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущ, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ - адыгэр зытемыкI хабзэщ ар. Я Iэнэм фадэ зэзэмызэщ къыщытехъуэр: уигу пIэпихмэ, ефэ. Езыхэр фадэм дихьэхыркъым, ефэххэркъым - дэри аракъым гъуэгу дыкъыщIытехьар.
Япэ махуэм къызэрыджаIащи, къалэм дэт Адыгэ Хасэм драгъэблэгъэн мурад яIэщ. Хасэм и программэр дагъэлъэгъуащ, абы кърихьэлIэнут къалэм дэс адыгэхэр - я нэ къытхуокI псоми. Ди хъыбар дэни щыIуащ, дэр фIэкI Iуэхурэ дэлърэ ямыIэжми ярейщ. Дэри дигурэ ди щхьэрэ зэтелъщ: тлъэкI къэдгъэнэнукъым, я упщIэхэм жэуап еттыным дыхуэхьэзырщ, яфIэгъэщIэгъуэн хъун хъыбар Iэджэ зэрахуэтIуэтэным иужь дитынущ - аращ гъуэгуанэ кIыхь къыщIызэпытчар.
Умысакъмэ, ущIегъуэжынщ
Зи ужь дит Iуэхум зыщыхуэдгъэхьэзырым, дыкъэзыгъэнэщхъеин гуемыIу къытлъыкъуэкIащ: псыщIыIэ ефэщ, морожнэ тришхыхьыжри, ПащIэ Ленэ тэмакъыдзэ хъуащ. Уэрэд хужыIэжыркъым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд шхыдэнтэкъэ: «Фызыхуэсакъыж, маржэ, мыбы Iуэху фи пщэ дэлъу фыкъэкIуащ», - жеIэ. Сыт ди Iэмалыжт - дыIэмылыншэт. Адыгэ щIалэхэр, ди бысымыр гузэвэгъуэ хэхуащ, Ленэ дохутыр кърагъэплъащ, кърагъэIэзащ. Хуэм-хуэмурэ къызэфIагъэувэжащ.
Ди хабзэр зыханакъым Америкэм щыпсэу адыгэхэми: Iэнэр къэзыузэдыр бзылъхугъэхэращ. Абыхэм къытрагъэува шхыныгъуэхэр яфIэмащIэ хъуащ щIалэхэм: ежьэри бдзэжьей дэгъуэхэр къащэхуащ, ари къытралъхьащ Iэнэм. Ленэ хуаэрэзытэкъыми, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд абы ириIуэкIащ: «Пщыхьэщхьэ къытпэплъэм фыщыгъуазэщ, бдзэжьей къупщхьэм фыхуэсакъ. Хасэшхуэр зэхыхьэнурэ драгъэблэгъэнущ, емыкIу къэтхь хъунукъым». Мухьэмэд ар щыжиIэм, сыкъыщитхъри - зэрыхъуари сщIэркъым - бдзэжьей къупщхьэм си тэмакъым зыхисащ. Зыри жысIакъым: зызыущэхури, Iэнэм сыкъыпэрыкIащ, гу зылъезмыгъатэурэ, унэм сыщIэкIри, пщIантIэм сыдыхьащ. ЕзмыщIа щыIэкъым, итIани си тэмакъым зыкъыхэзыса бдзэжьей къупщхьэм зигъэхъеякъым. Сыгузавэурэ, пщIэнтIэпсыр къызэкIуащ. Мухьэмэд и псалъэр си щхьэм икIыркъым, и макъ зэхызох; къысщыдыхьэшхынущ, къызэмышхыдэмэ. Сыхьэт хуэдиз згъэкIуащ апхуэдэурэ, пшапэ зэхэуэгъуэ хъуащ, концертым и щIэдзэгъуэр къоблагъэ. Сыт сщIами, бдзэжьей къупщхьэм сыхэзэгъакъым - узэгуэмыуд, плъэкIмэ. Дохутыр къезгъэшэнут, закъезгъащIэ хъунукъым армыхъу. Си гъусэхэм концертым зыхуагъэхьэзыращ. Машинэхэр къыIулъэдащ куэбжэм. Си Iуэху зытетыр хэт ищIэнт: закъезгъэщIакъым. Сопсчэ, псы софэ - зыри сэбэп къысхуэхъуркъым, бдзэжьей къупщхьэм гузэвэгъуэ сыхидзащи, си пIэ сизэгъэжыркъым. «ЗэрыхъуIамэ, хъунщ», - жысIэри, Мэкъуауэ Мухьэмэд сыкъеджащ. Пшынауэр къыздожьу, «Мэремыкъуэм и уэрэдыр» къыхэздзащи. Си жьэр ину щызэщIэсхым, бдзэжьей къупщхьэр къызэжьэдэлъэтыжащ. Жьыр схурикъу хъужащ, гупсэхугъуэ згъуэтыжащи, уэрэдыр изошажьэ. КъысщыщIар си гъусэхэм щахуэсIуатэм, я нэр къыстраубыдэри къызэплъащ. «Емынэм узэрихуэрэт!» - жаIагъэнщ абыхэм. «Умысакъмэ, ущIегъуэжынщ», - жысIащ сэ сигукIэ.
Ди лъэпкъэгъухэм я пащхьэм
Машинэхэм драгъэтIысхьэри «Мерриот» ресторан зыкъизыхым дашащ. ЦIыху мин хуэдиз щIэс хъунт абы. ЗэщыхуэпыкIауэ, адыгэ фащэ зыщыгъхэри яхэту, щызэхэсщ пэшышхуэм, гуп-гупурэ зэхэтIысхьауэ. Сценэр зыпэплъэр дэращ. Къыдбгъэдыхьэурэ ди Iэр къаубыд, къытщогуфIыкI нэхъыжьи нэхъыщIи, бзылъхугъи цIыхухъуи. ЗыкъыдагъэцIыхумэ я гуапэщ: зыр къэбэрдейщ, адрейр шапсыгъщ, абазэхэщ, хьэтыкъуейщ, бжьэдыгъущ. Зыщыщ адыгэ лъэпкъыр къыджаIэри, я унагъуэцIэхэми дыщагъэгъуазэ - дэтхэнэр уигу ибубыдэн? Дэри задогъэцIыху. Си цIэр щажесIэм, ягъэщIэгъуащ - Чэпай! СызэхащIыкIакъыми, я нэ къыстраубыдауэ къызоплъ. Си унэцIэр щIызгъужащ си цIэм - Мурат.
Щхьэж хуагъэнэхуа Iэнэм пэрытIысхьащ. Дэ, хьэщIэхэр, детIысэхакъым зэкIэ, сценэм гъунэгъу зыхуэтщIауэ дызэхэтщ. Зызоплъыхь, ди деж нэкIуауэ щыта ЩауэпцIокъуэ Къазбэч яхэслъэгъуэнкIэ согугъэри. Абы сыIуигъэщIэну Джэтауэ Самир селъэIуакIэт. Дакъикъэ заул нэхъ дэмыкIауэ, щIалэ екIу тхъуэплъышхуэ къызбгъэдыхьащ, си Iэр къиубыдри, фIэхъус къызихащ. УрысыбзэкIэщ псэлъэн зэрыщIидзар - ар зэригъэшэрыуэфыр къызгуригъэIуэн мурад иIауэ къыщIэкIынщ: «Сэ сы-Къазбэчщ. УзыгъэгумэщI щыIэ?» «Зыми сигъэгумэщIыркъым, - урысыбзэкIэщ сэри жэуап зэрестыжар. – Си нэ къыпхуикIырти, узэрыслъэгъуар си гуапэщ». Къазбэч къыпыгуфIыкIащ, абы зыри къыфIигъэкIакъым. Пщыхьэщхьэ зэхыхьэм и щIэдзэгъуэ хъуати, дызэбгъэдэкIыжащ Къазбэч сэрэ. Дыгъужь Алий сыбгъэдэтIысхьэн хуейти, си пIэ ситIысхьэжащ. Ар сэр нэхърэ нэхъыжьщ, Иорданием къикIащ.
Щым хъуащ цIыхухэр. Микрофоныр Агъашэ Мушир IэщIалъхьащ - ар абазэ щIалэщ, макъыфIэщ, пщыхьэщхьэ зэхыхьэр къызэIухыныр& дзыхь щIыхуащIар арагъэнт.
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, гуп махуэ! Ди нэхъыжьым, Дыгъужь Алий, долъэIу: уи псалъэ дегъэдаIуэ!
И щхьэцым тхъугъэ хидзауэ, лIы екIущ Дыгъужь Алий. Микрофоныр иубыдами, псалъэм хуэпIэщIакъым, пэшышхуэм щIэсхэм яхэплъащ, итIанэщ и псалъэр щиублар.
- Ди шыпхъу дахэхэ, ди къуэш лъапIэхэ, ди хьэщIэ махуэхэ! Ныщхьэбэ дыщIызэхыхьар фэращ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! ФIэхъус фэтхын, фытлъагъун щхьэкIэ! ФыкъызэрытхуэкIуар ди гуапэ дыдэщ. Нобэ хуэдэ зэхыхьэ Тхьэм дыщимыгъащIэ. ХьэщIэ лъапIэхэр фызэрытлъэгъуам, фыкъызэрытхуеблэгъам дыщогуфIыкI, фи мурадхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ, Тхьэм къывдигъэхъу. Нэхъ щIэх-щIэхыурэ Тхьэм дызэIуигъащIэ, Тхьэм куэдрэ дызэхигъэхьэ! Псапэ къэфхьащ, нобэ фыкъытхыхьэри. Фи насып нэхъыбэ ухъу. Ныщхьэбэ мы зэIущIэм кърихьэлIахэми ди хьэщIэ лъапIэхэми гуащIэрэ гъащIэрэ Тхьэм къарит, нэхъыфIым Тхьэм фыхуишэ! Я нэ къыфхуикIми, мыбы къримыхьэлIаи щыIэщ, ахэри вгъэгуфIащ, вгъэгушхуащ. Ди хьэщIэхэр ди хэку лъапIэм къикIащ, аращ ди хьэщIэхэр псом щIалейр. Дуней жэнэтщ ди хэкужьыр, ди лъэпкъыр Къэукъасырщ къыщыхъуари щыпсэури. Ди хэкужьым и хъыбар куэд драгъэдаIуэ зэпытащ ди адэжьхэм. Дэ дылъэпкъ мащIэщ, ар щхьэусыгъуэкъым хэкужьыр фIыуэ плъагъун щхьэкIэ. Хэкужьым хуаIэ лъагъуныгъэрщ ди щIалэгъуалэм гуащIэрэ гугъэрэ къахэзылъхьэр. ХьэщIэ махуэ Тхьэм фытхуищI, псэукIэ дахэ Тхьэм къывит!
Дыгъужь Алий и лъэпкъкIэ бжьэдыгъущ, ауэ хьэщIэхэм къызэрыдэхъуэхъуар къэбэрдеибзэкIэщ. Ар згъэщIэгъуати, къэтIысыжа нэужь, Дыгъужь Алий сеупщIащ:
- Уи анэдэлъхубзэмкIэ щхьэ укъэмыпсэлъарэ, Алий? Уэ узэрыбжьэдыгъур сощIэ.
Жэуап къызитыжын и пэ Алий зымащIэкIэ зишыIащ. Щэху дыдэу къызжиIащ итIанэ:
- Абы сыхуиттэкъым. КъэбэрдеибзэкIэщ мыбы узэрыщыпсэлъэн хуейр.
Ар сфIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуащ, тIэкIуи сыкъэIэнкунащ. Пэжыр жыпIэнумэ, ныщхьэбэ къызэхуэсахэм я нэхъыбапIэр къэбэрдейт, псалъэ зылъысахэми яIурылъар къэбэрдеибзэщ, сэ зыращ пэшым кIахэ адыгэбзэкIэ къэпсэлъар.
Мушир ди цIэ къриIуэурэ даригъэцIыхуащ пэшым къыщызэхуэсахэм. ХьэщIэхэм чэзур къыщытлъысым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд микрофоным бгъэдыхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ фIэхъус ярихащ, и республикэм теухуауэ псалъэ яжриIащ, ди къэкIуэкIэ хъуам щыгъуазэ ищIащ. Мухьэмэд и ужькIэ чэзур сэ къыслъысати, си гумрэ си псэмрэ къыбгъэдэкI псалъэ жысIащ. ЯжесIащ ди ныбжьэгъухэм, ди хэку дахэм ис псоми я фIэхъус гуапэ къазэрыхуэсхьар, Адыгейм и лIыщхьэ Джарым Аслъэни сэлам къазэрырихыжыр, дунейм адыгэу тетым ар ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэкIэ зэрахуэупсэр, хэкужьым ахэр зэи зэращымыгъупщэр.
Куэд къэпсэлъащ а пщыхьэщхьэм. Хэт къэпсалъэми яхуэмыухыр, ягу къеуэр, хэкужьым зэрыпэIэщIэрт, дунейм зэрытекъухьарт, гува-щIэхами я лъапсэ ягъуэтыжынкIэ зэрыгугъэрт. Апхуэдэ гугъэ зэраIэрщ абыхэм гуащIэ къыхэзылъхьэр, я лъэр щIэзыгъэкIыр. «Ди хэкужьыр дэ дымылъагъужми, ди щIэблэм ялъагъужынкIэ догугъэ» - а псалъэхэращ я бзэгупэм темыкIыр.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и гъэсэнхэм итIанэ джэгур зэхаублащ. уи нэр къыпхутечыртэкъым адыгэ фащэ дахэр зэкIупс пщащэхэмрэ щауэхэмрэ я къафэм. Я къафэмкIэ къыбжаIэ хуэдэт абыхэм: «Ди хэку димысыжми, адыгагъи адыгэ фащи дгъэкIуэдакъым дэ, дыхуэсакъыущ а псор зэрытхъумэр, игъащIэкIи тхъумэ- нущ, пэIэщIэ дызыщIыфынрэ тщызыгъэгъупщэфынрэ зэи къэхъунукъым». Ар уи фIэщ мэхъу, абыхэм уахэплъэмэ.
ЛIэщIыгъуэм щIигъуащ адыгэхэм я хэкужьыр зэрырагъэбгынэрэ, дунейм текъухьа хъуащ шэрджэсхэм я нэхъыбапIэр, Iэджэрэ ихуащ кIуэдыпIэ. Ухэхэсыным нэхърэ нэхъ насыпыншагъэ щыIэнкIэ хъунукъым. Я бзэр, я хабзэхэр, я щэнхабзэр хамэ къэралым зэрыщахъумэфам щхьэкIэ фIыщIэ лей яхуэфащэщ нобэ дызыгъэхьэщIэ ди бысымхэм. Уи гур хохъуэ, уи щхьэр лъагэ мэхъу абыхэм уащыхэплъэкIэ. Хэхэс зэрыхъу лъандэрэ я нэгу Iэджэ щIэкIащ адыгэхэм - гуауи гугъуехьи, гукъутэгъуи нэщIэбжьи. А псоми къелащ адыгэхэр. Къелащ я гуащIэр инти, зэрыадыгэм иригушхуэрти, абы къару къахилъхьэрти. УрихьэлIэнкIэ хъуркъэ апхуэдэ къарум иримыгушхуэ, нэуфIыцIщхьэрыуэкIэ зэджэ цIыху къэплъэнэфхэм. Апхуэдэхэм къапэкIухьын хуейщ, нобэрей щIэблэм щапхъэ яхуэхъунукъым зи гугъу сщIыхэр.
Ди бысымхэм я концертым драгъэплъа нэужь, чэзур дэ къытлъысати, ПащIэ Ленэщ утыкум япэу ихьар. Ленэ и макъ дахэм итхьэкъуащ пэшышхуэм щIэс псори. Щым хъуауэ, бысымхэр йодаIуэ «ИстамбылакIуэм». Уи нэпсым къызэпежыхь а уэрэдыр щызэхэпхкIэ.
Макъ дахэ дыдэкIэ Тхьэр Ленэ къыхуэупсащ. Уэрэдым и закъуэкъым ПащIэм узэритхьэкъур, ар икIи актрисэ дэгъуэщ, сценэм ихьамэ, щIыкIафIэщ, удехьэх. Америкэм мазэкIэ дыщызэгъусати, гу лъыстащ: ПащIэ Ленэ сыт щыгъуи хуэхьэзырщ сценэмрэ уэрэдымрэ, аращ къызыхуигъэщIар, абы и уэрэдым гузэгъэгъуэ зримыта яхэслъэгъуакъым ди бысымхэм. «Ди Ленэ дахэ!» - аращ абы и уэрэдым едэIуахэм ящыщ дэтхэнэми жиIэр. ЦIыху щэныфIэщ езыр, цIыхугъэшхуэ дыболъагъу сытым щыгъуи - уэрамым ущригъусэми, Iэнэм ущыбгъэдэсым дежи.
Мэкъуауэ Мухьэмэдщи, пшынэр дахэ дыдэу егъэбзэрэбзэф, IэпэIэсэщ, уэрэдым щыдежьукIэ тIури - уэрэдри макъамэри - зэрегъэубыдыф, ахэр къызэдигъэщIауэщ къызэрыпфIигъэщIыр. Ар хузэфIокI пшынауэ Iэзэм - апхуэдэщ Мэкъуауэ Мухьэмэд.
Мухьэмэд и пшынэ макъым ди бысымхэр - «Мерриот»-м щIэс псори - зэщIиIэтащ, къигъэнэжэгужащ, хэкужьым нэс къиIукI макъ хуэдэущ ар концертым кърихьэлIахэм къазэрыщыхъуар. А пщыхьэщхьэм и ужькIи слъэгъуащ Мэкъуауэ Мухьэмэд цIыхур къызэрепщIыр: абы и къафэхэмрэ и пшыналъэхэмрэ магнитофонкIэ ятхри, зыгъэпсэхупIэ ирагъахуэркъым, дэнэ щримыхьэлIэми, щIалэгъуалэр абыкIэ къелъэIу зэпытщ.
Сэ уэрэдым сыхуэхейщ, абы сыкъыхуигъэщIакъым, итIани, си мыхьэмышхкъым ар, жысIэн сфIэфIщ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я деж сыщрихьэлIащ зыбжанэрэ: сэ жысIэ уэрэдхэр тхауэ зэрахьэ. Макъ щIагъуэ симыIэми, сэ жысIэ уэрэдхэр си гущIэм къоIукI, къару гуэркIи сузэдыну си гугъэщ. УэрэдкIэ схузэфIэкIынур сощIэж сэ, абы къыхуигъэщIахэм сехъуапсэ фIэкIа, сефыгъуэркъым. Си макъыра хьэмэ езы уэрэдхэра я гум дыхьэр - ар схузэхэхунукъым. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ: сэ жысIэ уэрэдхэри куэдым ягу ирохь, щIэупщIэ яIэщ, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр зэкъым-тIэукъым абыхэм къазэрыщIэупщIар. Сэ къызгуроIуэ: ахэр зыщIэупщIэр сэ жысIэ уэрэдхэракъым, зыщIэупщIэр я хэкужьырщ, абы и макъщ зызыщамыгъэнщIыр. Си уэрэдхэр мыпщIэгъуалэми, ди хэкум и макъ зэрызгъэIуфым сропагэ сэ, срогушхуэ си лъэпкъэгъухэм я гум жьы дезгъэхун зэрысхузэфIэкIым
Ди зэIущIэм и кIэм иплъэным хуэпIащIэ щIэслъэгъуакъым а жэщым «Мерриот» шхапIэм. Жэщыбг хъуарэ пэт, я унэ ихьэжын мурад ямыIэ хуэдэщ псоми - я тхьэкIумэ тегъэхуауэ къыдодаIуэ, я нэр ттрагъэкIыркъым. Ди лъэпкъэгъухэм я закъуэкъым къыдэплъымрэ къыдэдаIуэмрэ: я Iуэхур къагъанэри, плъакIуэ къытхуэкIуащ рестораным и лэжьакIуэхэр, ахэри къытщогуфIыкI, нэIуасэ зыкъытхуащIыну я гуапэщ. Совет Союзым, Кавказ жыжьэм я хъыбар къыщIоупщIэ. Ди зэхэтыкIэри, ди джэгукIэри яфIэгъэщIэгъуэнщ американхэм. ЗызыщамыгъэнщIыххэр адыгэ фащэрщ, абы пэпщI хъун ялъэгъуакъым зэи. Ар фэрыщIыгъэкъым, ди гуапэ ящIын щхьэкIэкъым апхуэдэ псалъэ щIыжаIэр - абы гу лъумытапIэр иIэкъым. Видеокамерэр ягъэтIылъыркъым - дэ тхуэдэ ялъагъужыни ямылъагъужыни дяпэкIэ. Егъэлеяуэ яфIэгъэщIэгъуэныр черкесхэм далъагъу нэмысымрэ цIыхугъэмрэщ. ЦIыху щэныфIэщ езыхэри, хабзэ къыпкIэлъызэрахьэ, ямылей жаIауэ е ялэжьауэ плъагъунукъым.
«Мерриот» рестораным жэщыбг хъуху дыщызэхэтати, ешаи псалъэмакъыншэ хъуаи къытхэткъым. Жэщыр зэрыхэкIуэтар пщIэнущ, къалэм удэплъэмэ: машинэ закъуэтIакъуэщ гъуэгум теплъагъуэр.
И унэ ихьэжыным хуэпIащIэ яхэслъэгъуакъым цIыхухэм. Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм зы гуп дыдыхьэжащ, джэгур щыдублэжащ абдежи.
Нэхулъэ къищIауэщ бысымхэр щызэбгрыкIыжар. ЗезгъэщIа щхьэкIэ, жейм сыхилъафэркъым, бзухэм я макъым сыщIодэIури сыхэлъщ. Мазэ хъуреишхуэр къыдоплъ щхьэгъубжэм. Си нэгу къыщIоувэ си анэр. Дыгъуэпшыхь сызыхэтар ищIатэмэ, ар гуфIэнт, и нэбдзыпэ зэтрилъхьэмэ, сэрагъэнщ си анэ дыщэм и нэгу къыщIыхьэр.
Зэдэшхэ IэфIщ
Шыкъ Мухьэмэд-Хьидрэ Шогуэ Самиррэ программэр зэхалъхьагъэххэти, абы дригъуэзэн хуейуэ къыдаухылIащ. Пщэдджыжьышхэ дышхакъэ, драшажьэри къалэм дыкъыщрашэкI. ГъэщIэгъуэн Iэджэ щыплъагъунущ Анахайм. Я музейр сыт и уасэ! Уи нэр къыпхутехыркъым абы щIэлъ хьэпшыпхэм. США-м щыцIэрыIуэщ къалэ театрыр - абы шы щагъэджэгу, жыжьэ къикI зыплъыхьакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэкIэлъокIуэ.
Пщэдджыжьым дыщышхэр Шыкъхэ Мухьэмэд-хьидрэ Хьэятрэ и унэрщ. ПщIантIэр щIэращIэщ, зэлъыIухащ, къабзэлъабзэщ, удзыпцIэщ, зы хуэрэджей жыгышхуэ дэтщ. ПщIантIэр соткэ зыбгъупщI хуэдиз мэхъу. Сириеращ Мухьэмэд-Хьид къыщыхъуар, абыи щиIэщ унэ.
Унэгуащэр щIыкIафIэ дыдэщ, нэмысышхуэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. ар Шогуэ Самир и шыпхъущ. Iэнэм къытригъэувэмрэ тшхымрэ фIэмащIэщ Хьэят. Iэнэм дыпэрытIысхьамэ, шхыныгъуэ тIощIым нэс къытрегъэувэ. Адыгэ шхыныгъуэхэри хьэрып шхыныгъуэхэри егъэхьэзыр унэгуащэм. Абы игу къеуэр а псор зэрыдмыгъэкIуэщIыфырщ. Унагъуэм ис псоми машинэ зырыз яIэщ, итIысхьи, къалэм дыхьэ – узыхуей щыбгъуэтынущ.
Пщэдджыжь Iэнэм дыпэрытIысхьамэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ япэ дыздэIэбэр шэ гъэпщтаращ, абы и ужькIэщ адрей шхыныгъуэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм дыщынэсыр.
Дыкъэмытэджыж щIыкIэ пщIантIэм ди хэгъэрей гуэр къыдыхьамэ, ари гъусэ дощI - ди гуапэщ, ди щIасэщ, аращ «зэдэшхэ IэфIщ», - щIыжаIар.
Iэнэм дыкъыпэрыкIыжамэ, драшажьэ – дымылъэгъуар дагъэлъагъун, дымыщIэм щыгъуазэ дыхуащIын щхьэкIэ.