УНАГЪУЭР КЪРАГЪЭЛАЩ

Тырныауз къалэм дэт район сымаджэщым и дэIэпыкъуэгъу псынщIэ IэнатIэм мэкъуауэгъуэм и 9-м жэщыкум псэлъа цIыхухъум жиIэну зыхунэсар кърагъэлыну зэрылъаIуэмрэ я хэщIапIэмрэщ, адэкIэ зэпыщIэныгъэр зэпыудащ. Медицинэ лэжьакIуэхэр щIыпIэм нэса щхьэкIэ, бжэр гъэбыдат икIи зыми къыIуихыртэкъым. Дохутырхэм хъыбарыр Iэрагъэхьащ МЧС-мрэ Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и плъыр частымрэ. 
ЩIыпIэм икIэщIыпIэкIэ яунэтIащ гъуэгу-плъыр къулыкъум и экипажым и инспекторхэу, полицэм и лейтенант нэхъыщIэхэу Узденов Муратрэ Къарэнашэ Алимрэ, апхуэдэуи плъыр-пост къулыкъум и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыжьхэу Байзулаев Маратрэ Уэтэр Алимрэ зыхэт гупми. Абыхэм мурад ящIащ, къызэрымыкIуэ щытыкIэм деж цIыхухэм ядэIэпыкъу IэщIагъэлIхэм ящIыгъуу, ещанэ къатым хэт фэтэрым щхьэгъубжэмкIэ щIыхьэну. 
Пэшым къыщыщыхутэм полицейхэм къагъуэтащ илъэсрэ ныкъуэрэ хъу сабийр зыщIыгъу, зи щIалэгъуэ зэщхьэгъусэ мэхахэр. ГурыIуэгъуэт ахэр газ кърихуам зэригъэмэхар. Полицейхэмрэ къегъэлакIуэхэмрэ ахэр унэм къыщIахащ.
ЦIыхубзымрэ сабиймрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ сымаджэщым яшащ, цIыхухъур плъыр автомашинэм ирагъэгъуэлъхьащ. Гъуэгум здытетым хабзэхъумэхэм абы зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуащ, хьэуа къабзэкIэ ягъэбэуащ. 
Медицинэ IуэхущIапIэми полицейхэр IэщIагъэлIхэм щIэгъэкъуэн щахуэхъуащ. Иджы зэщхьэгъусэхэми я сабий цIыкIуми я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ ущIытешыныхьын щыIэжкъым. 
Кърагъэлахэм я Iыхьлыхэм фIыщIэшхуэ хуащIащ насыпыншагъэшхуэ къэмыхъунымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуа дэтхэнэми. 
БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг