Ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр ди хьэщIэщ

Тырку, Иордание, Израиль къэралы­гъуэхэм, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэр щызэхаша гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм шыщхьэуIум и 7-м яхуе­блэгъащ Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэд.

Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей­-Балъкъэрым Граждан жылагъуэхэм ядэлэ­жьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм (иджы министерствэм) къызэригъэ­пэщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэ куэд адэжь щIыналъэм щыIэну Iэмал гъэщIэгъуэн ягъуэт. Мы гъэм хэкужьым кърагъэблэгъа цIыху 80-м ­программэ щIэщыгъуэ хузэхагъэуващ. Абы и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ, хэкум и IэфIагъыр, бзэм и дахагъэр, къуэпсым и къарур зэхрагъэщIэныр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэрэ ­IуэхущIафэкIэ фIыуэ зыцIыху адыгэ щIэб­лэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну зэIущIэм къекIуэлIат. Тхьэмадэр тепсэлъыхьащ хэ­хэсхэм ятеухуауэ езым ищIа къэхутэныгъэхэм, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэп­къэгъу цIэрыIуэхэм, хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэм. Апхуэдэуи абы щIэблэр къыхуриджащ ди деж къыщызэрагъэпэщ зэпеуэ­хэм къыхыхьэну, лъэпкъ Iуэхум хуэ­жы­джэрыну.
ЗэIущIэм псалъэмакъ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ, лъэпкъым зихъумэжын щхьэкIэ щIапхъэхэм, нэхъапэ игъэщыпхъэ Iуэху­хэм, бзэр зэбгъэщIэным мыхьэнэшхуэ зэ­риIэм ятеухуауэ. Апхуэдэуи адыгэхэр зэ­рыубы­дыжа хъунымкIэ ныбжьыщIэхэм хэкIыпIэу ялъагъумкIэ акъыл зэхэдзэ ирагъэщIащ.
ХьэфIыцIэм щIэблэм щапхъэу яхуигъэ­лъэгъуащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм ящыщу зи бзэмрэ хабзэмрэ къызыхуэтыншэу зезыхьэхэр. «Лъэпкъым и уасэр и бынщ» псалъэжьыр щIэми жьыми ящымыгъупщэу, къызыхэкIам зэ­ры­хуэфэщэным хущIэкъуу, адэжьхэм я щIыхьыр зыгъэулъиин ямылэжьу псэуну къыхуриджащ абы ныбжьыщIэхэр.

 

Тхыгъэри сурэтри Щомахуэ Залинэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)