Набдзэгубдзаплъэу, хуэсакъыу

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм шынагъуэншагъэмкIэ, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ, хабзэм кIэлъыплъынымкIэ лэжьыгъэр зэзыгъэуIу зэхуэсыр. ВидеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ жылагъуэ транспортым террорист щIэпхъаджагъэхэр къыщымыхъуным кIэлъыплъыныр нэхъри гъэлъэщын зэрыхуейм, терро­ризмэмрэ экстремизмэмрэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ зэрыпэщIэтыпхъэм. 
Чайкэ Юрий къызэрыхигъэщамкIэ, а Iуэхугъуэхэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу хущытын хуейщ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI лъэхъэнэм. Зытепсэлъыхьам теухуауэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм пщэрылъ щхьэхуэхэр яхуищIащ къулыкъущIэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.03.2026 - 09:14

Щыпэрытщ къэралпсо зэхыхьэхэми

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерст­вэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.03.2026 - 09:13

Щэнхабзэм хузэфIэкIахэр Балъкъ къыщапщытэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджы­благъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

17.03.2026 - 09:03

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

16.03.2026 - 14:57

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к