|
|
Мы щIыналъэм ущыщмэ
19 июня, 2024 - 06:10
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэр щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ фIыуэ зылъагъухэр зыщыгуфIыкIын тыгъэкIэ къегуэпащ. Дунейм иджыблагъэ къытехьащ «ЩIэныгъэ къозыт Къэбэрдей-Балъкъэр» («Познавательная Кабардино-Балкария») зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэр. Кавказым и налкъуту къалъытэ ди щIыналъэм - Къэбэрдей-Балъкъэрым - и тхыдэм лъэужь дахэ къыхэзына цIыхухэм я хъыбархэр къыщыкIуэ, «Лъахэ гупсэ» («Родной ландшафт») фIэщыгъэ дахэр зиIэ лIэужьыгъуэм и 10-нэ тхылъщ мы къыдэкIыгъуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Котляровхэ Викторрэ Мариерэ а зэужьым хэту къыдагъэкIащ (2011 - 2019 гъэхэм) «Дахащэр зи дуней…» («Живописная…»), «Щэху куэд зыхъумэ…» («Таинственная…»), «Къамыхута…» («Неизвестная…»), «Дызыщымыгъуазэ…» («Загадочная…»), «УзыIэпызышэ…» («Увлекательная…»), «Хьэлэмэтхэр зи куэд…» («Удивительная…»), «Зихуэдэ щымыIэ…» («Неповторимая…»), «Нэрымылъагъухэр зи дуней…» («Мистическая…») тхылъхэр. КъыкIэлъыкIуэ-ну къыдэкIыгъуэхэм папщIэ иужьрей илъэситхум жэрдэмщIакIуэхэм сурэтхэр, тхыгъэхэр, архив щыхьэтыгъэхэр зэхуахьэсу екIуэкIащ.
Дунейм къытехьа тхылъыр едзыгъуитIу зэхэтщ: «ГъащIэм къыхэна лъэужьхэр» икIи «БлэкIар - нобэрей дунейм» псалъащхьэм къыбжаIэ Котляров зэщхьэгъусэхэм лъэхъэнэхэр нэрымылъагъу къуэпсыбэкIэ зэрызэрапхыр, къежьапIэ зимыIэ екIуэкIыгъуэрэ кIэухрэ зэрыщымыIэри наIуэ къащI.
Япэ Iыхьэм ихуащ скъарыщIхэу Молодожёнин Леонидрэ Лезвиев Михаилрэ, ботаник Кос Юрэ, есэп щIэныгъэлI Франкль Феликс, композиторхэу Шейблер Труворрэ Авраамов Арсенийрэ, нэгъуэщI куэдми ехьэ- лIа тхыгъэхэр. КъызэкIэлъыдгъэкIуа цIыхухэр цIэрыIуэ зыщIар сыт, ахэр ди лъахэм сыткIэ къепха, жыпIэу уогупсысэ. Куэд дыдэ жыпIэфынущ, ауэ кIэщIу къыхэбгъэщмэ, Лезвиев Михаилщ Налшык тыгъэ къыхуэзыщIар «Къызэдэфэхэр» («Танцующая пара») сурэтыр, Шейблер Труворщ «Нартхэр» лIыхъужь эпосыр къищтэу япэ дыдэу утыкум хореографие джэгу щызыгъэувар, Франкль Феликсщ адыгэхэм яхуищI фIыщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ иIэту адыгэ журту дунейм закъезыгъэцIыхуар, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм щхьэкIэ «адыгэ лъэужь» къыщыфлъыхъуэ, жызыIар, адыгэбзэр уэрсэрыжьу зэзыгъэщIар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми, пыухыкIауэ къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэми я цIэр фIыкIэ ягъэIуащ, и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ заужьыным я гуащIэ халъхьащ.
ЕтIуанэ Iыхьэм ущрихьэлIэнущ 1729 гъэм екIуэкIа Бахъсэн зауэр къызыхэкIам, «Къызбрун» фIэщыгъэр къызытекIам, Къэбэрдейм къихьа Ща-мил и гуращэхэр къыщIыдэмыхъуам, Нэгумэ Шорэ мызэ-мытIэу здэщыIа Карасс увыгъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм журтхэр адыгэхэм къызэрырагъэлам, нэгъуэщI Iэджэми теухуа тхыгъэхэм. Мыбдеж «жаIат» псалъэр къыхэхуэми, зэзэмызэ дыдэщ узэрыщрихьэлIэр, зэрыщыту архив тхылъымпIэхэр тегъэщIапIэ хуащIурэ ягъэхьэзыра тхыгъэщ, дэтхэнэ зы щыхьэтыгъэри къызыхаха фондхэр къэгъэлъэгъуэжа еIуэлIапхъэхэр екIуу зыхуащI Iуэхушхуэщ.
Тхылъым гуэдзэн хьэлъафIэ иIэщ, «Фэеплъхэр» и фIэщыгъэу. Мыбдеж Котляровхэ Викторрэ Мариерэ щызэхалъхьащ дунейм ехыжа цIыху цIэрыIуэхэм хуатха тхыгъэхэр, литературэ щIэныгъэм «зарисовка» жыхуиIэхэр. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Къэжэр Пётр, Мамыщ Кашиф, Къэжэр Хьэмид, Жырыгу Радий, Iусен Олег, Къандур Мухьэдин, Лафыщ Нинэ, Ерджынокъуэ Хьэсэнбий, нэгъуэщIхэми ехьэлIа тхыгъэхэр. ЦIыхур пIэтынуми бгъэпудынуми псалъэр ирокъу. Зи дуней тетыкIэкIэ жылагъуэм я фIыщIэр къалэжьу къэпсэуахэм хужаIэ псалъэхэм уи щхьэр лъагэу уагъэлъагъужу, абыхэм я лъэхъэнэгъуу узэрыщытым уигъэгушхуэу апхуэдэщ тхылъыр къыдэзыгъэкIа-хэм я гупсысэхэр щызэIуаща тхыгъэхэр.
Зи цIэ къитIуахэр псори зэрепх Хэкум хуаIа лъагъуныгъэм. Армырмэ, апхуэдиз гуащIэр къыпкъуэкIыныр, зыгуэрым теубыдауэ гуащIафIэу улэжьэныр фIэщщIыгъуейщ. Франкль Феликс жиIапэрт: «Мы щIыналъэм и дахагъэр лъэныкъуэкIэ къызогъанэри, щыпсэу лъэпкъым и дуней тетыкIэр мыхъуамэ, зы хьэрф къысхуитхъэну къыщIэкIынтэкъым. Сыту хьэлэмэт-тIэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэхэр… Гур яхьэху, щхьэр ягъэкъабзэ, псэхугъуэ къыуат…»
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ Къэбэрдеижьым зэгуэр къихьауэ щытыгъа Чхеидзэ Константин и ужьым иту жаIэ: «Прометей и Лъахэщ дыщыпсэур, апхуэдэ фIыгъуэ нэгъуэщIыпIэ къыщыдмылъыхъуэ…» Тхылъыр зыIэрыхьэнур зэи зэхимыха, зи пэжыпIэр имыщIэ щысэ, дунейм къытемыхьа архив щыхьэтыгъэ куэд хуэзэнущ, аращ абы щIэупщIэ иIэ зыщIыр икIи къозыгъэлъыхъуэр.
Тхылъыр напэкIуэцI 500 мэхъу, и бжыгъэкIи мащIэ дыдэущ дунейм къызэрытехьар - псори зэхэту 500 къыдэкIауэ аращ. ТеплъафIэу, сурэткIэ гъэнщIауэ, тхылъымпIэфIым тедзауэ зэрыщытым къыхэкIыу, ар тыгъэ пщIы хъуну щытщ, ауэ, нэхъыфIыр, зыIэрыхьахэм ар пIалъэ-пIалъэкIэ къащтэрэ ириплъэну я тхылъ хъумапIэм хэлъынращ.
ШУРДЫМ Динэ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|