ДыщэкIхэмрэ сурэтыщIхэмрэ я кIыщ

ГъузджэхэмкIэ Къулъкъу­жын дэт сабий еджапIэм зэ къакIуэу мыбы щIэлъ Iэ­рыщIхэр зылъэгъуам ар ­игъащIэкIи гукъинэ зэ­ры­щыхъунум шэч хэлъкъым. ГъэщIэгъуэныщэщ курыт еджапIэм щIэс сабийм хузэ­фIэкIымрэ и Iэм къигъэ­щIымрэ. Зы илъэс къэ­мы­нэу ди республикэми Урысей псоми щоIу а цIыкIу­хэм я цIэр, зэпеуэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахь зэпыту къогъуэгурыкIуэ.

Мы гъэми екIуэкIа «Уникум» урысейпсо зэ­пе­уэм фIыкIэ къыхэщащ. Абы зэ­рызыхуагъэхьэзырам топсэ­лъыхь Къып Му­хьэмэд и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм и унафэщI КIуж Ритэ:
- ЯпэщIыкIэ, фокIадэ ма­зэм сабийхэм я лэжьыгъэ тIуры­тIыххэм сурэт тыдох, ЩэнхабзэмкIэ министерст­вэм идогъэхьри, абы жюрир щыхоплъэ, зэпеуэм ирагъэ­хьынухэр къыхах. Урысейр щIы­налъэ 89-рэ мэхъури, абы щыщу миниплIым щIигъу лэжьыгъэу ирагъэхь. Апхуэдизым 73-рэ лэжьыгъэу къыхахыжу аращ. Апхуэдэу, иужь­рей зэпеуэм ди лэжьыгъэу 8 едгъэхьат. Къулъкъу­жын икIа сабийр Санкт-Петербург и сце­нэм щаIэтыныр сэ на­сы­пышхуэу, ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ. А зэпеуэр илъэсипщI хъуауэ къыдохь. Краснодарскэ щIыналъэр зи инагъым феплъи, мы гъэм зы хъы­джэбз цIыкIу Анапэ щыщу нэкIуэфауэ аращ. Ар гъэунэхупIэкъэ?! «Молодые дарования Рос­сии» жыхуиIэ зэпеуэу Москва щекIуэкIам  ди щIалэ цIыкIуитIым къы­щахьащ япэ увы­пIэхэр. Абы увыпIэ гуэр къы­щыпхьыххамэ, гъуазджэхэмкIэ Урысейм и еджапIэ гуэ­рым сабийр щIэтIысхьэмэ (ар и IэщIагъэм епха закъуэмэ), еджапIэр ­къаухыху сом мин тIощI мазэ къэс степендиеу къратынущ. А зэпеуэм мы гъэм увыпIэ къыщызыхьа ди гъэсэнхэу Мэржэхъу Ислъамрэ Тхьэгъэпсэу Ислъамрэ щIэ­тIыс­хьэнущ Владикавказ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэм. ГъущIымрэ дыщэхэкIымрэ елэ­жьынымкIэ къудамэ хъар­зынэ иIэщ а еджапIэм. Абы щIэтIысхьэмэ, зэрыжысIауэ, къаухыху степендие къратынущ. Мис апхуэдэ мыхьэнэ, пщIэ-нэмыс яIэщ а зэпеуэхэми, хуабжьу срогуфIэ ди сабийхэм я лэжьыгъэхэм гулъытэ хуэфащэу, ехъулIэныгъэшхуэу къызэралъытэм.
- Илъэситху хъуауэ мып­хуэдэ зэпеуэхэм сыхэтщ. Ипэхэм деж уогузавэ, увыпIэ гуэр къэпхьмэ - уогушхуэ. Сы­зэ­лэжь хьэпшыпхэм утеп­сэ­лъыхьмэ, къызэмы­хьэлъэ­кIым зеспщытмэ нэхъ къы­зощтэ. Гугъу гуэр къапщтэрэ, упэмылъэщу утыку укъинэ ­нэхърэ, узыхуэIэижьыр и кIэм нэбгъэсу, екIуу пщIымэ нэхъыфIщ. Псалъэм папщIэ, цIыху сурэт зэрысхуэмыщIыр сощIэжри, абы сыхэIэбэркъым. Сэ псэущхьэхэр, бзу­хэр, тхыпхъэхэр нэхъ къы­зощтэ. Мы илъэсыр нэзгъэсмэ, Владикавказ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэм сыщIэ­тIысхьэну сигу илъщ. Сигу ирохь, сфIэфIщ ар, - жеIэ Мэржэхъу Ислъам. 
Тхьэгъэпсэухэ Ислъам филиграныр зыпищI щыIэ­-къым. Илъэситху хъуауэ къокIуэ ар Тумэ зэшитIым я деж. Ды­щэкI лэжьыгъэр къыIэщIэ­мыужэгъуэу апхуэдизкIэ фIэгъэщIэгъуэнщ щIалэми, мы еджапIэм зэрыщIэкIыу Ис­лъам зыхуеджэнур чеканкэрщ, зэрыжиIэмкIэ. 
- ЦIыхуищ е плIы зэгъусэу дыщылажьэм деж нэхъ тыншщ. Зыр зым дыдэIэпы­къуу десащи, нэхъ псынщIэу лэжьыгъэр зэфIокI. ЦIыху зытIу еувалIэу зы лэжьыгъэ щагъэзащIэм деж нэхъ къехъулIэу къысщохъу. Щхьэж езым зыхуейр хелъхьэ. Мы еджапIэм илъэситху хъуауэ сыкъокIуэ, адэкIи срилэжьэну си гугъэщ. Дэ езым къыдогупсыс лэжьыгъэ тщIынур, ауэ егъэджакIуэри къыддо­Iэпыкъу. Дезыгъаджэ зэ­шитIри мы IэщIагъэм къызэ­ры­хуигъэщIар, гурэ псэкIэ зэ­рыхуэпэжыр долъагъури, дэ­ри ди гукъыдэжыр абы къеIэт, - къыпещэ Ислъам. 
- Гугъу жыпIэмэ, гугъущ ­гъуазджэм зебгъэужьыныр. ЩIэгугъури псори егъэлеяуэ лъапIэщи аращ. Лэжьыгъэр нащIысахэр зыхуей хуэбгъэ­зэным, зэпэщ пшIыным ахъ­шэшхуэ ехь. Сурэт зэрып­щIыну лэчхэри, ар зытепщIыхьынури, скульпторхэр, дыщэкIхэр зыхуеину псомкIи къызэбгъэпэщыныр - сомщ. ЩыIэщ псапащIэ зыкъыт­щIэзыгъакъуэхэри, Iэмэ­псы­мэхэр къытхуэзыщэху дэIэ­пыкъуэгъухэри. Ахэр мы­хъуатэмэ, куэд щIауэ ДПИ ­къудамэр тхуэмыгъэлажьэу зэхуэтщIыжат. Ахэр къыддэIэпыкъумэ, ди сабийхэри хущIемыгъуэжу еджэмэ, я зэчийм зрагъэужьмэ, я щхьэ зэрапIыжын IэщIагъэ школым щIахауэ къаухынущ, - къыхегъэщ унафэщIым. 
Беслъэней  Гуащэмахуэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.03.2026 - 09:14

Щыпэрытщ къэралпсо зэхыхьэхэми

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерст­вэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.03.2026 - 09:13

Щэнхабзэм хузэфIэкIахэр Балъкъ къыщапщытэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджы­благъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

17.03.2026 - 09:03

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

16.03.2026 - 14:57

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к