Я МАХУЭМКIЭ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Мэкъуауэгъуэм и 10-р Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI Iуэ­хухэмкIэ и органхэм я пресс-къулыкъухэмрэ жылагъуэ зэ­пы­щIэныгъэмкIэ и IэнатIэхэмрэ я махуэщ. 

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир ведомствэм хъыба­рыщIэхэмрэ жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, щIыхь тхылъхэр яритащ. 
Полицэм и полковник Мамхэгъ Назир къеджащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав и хъуэхъум.
«Иджырей щытыкIэхэм министерствэм жылагъуэм я деж зэIу­хауэ нихьэсын хуейщ полицэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр, СМИ-м дзыхь къыхуащIу япыщIауэ щытыпхъэщ.
Мы махуэм къегъэлъагъуэ IэнатIэм и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Фи IэщIагъэр сэбэпышхуэщ хабзэхъумэхэмрэ жыла­гъуэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъуу, дзыхь зэхуащIу щытынымкIэ. Фи лэжьыгъэм гуфIэгъуэ, арэзыныгъэрэ къэвлэжьа гулъытэрэ къыфхудэкIуэну си гуапэщ».
 АдэкIэ Мамхэгъ Назир КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр яритащ къалэныр екIуу зэрагъэзащIэм, зыIэрагъэхьа ехъулIэ­ныгъэхэм папщIэ республикэ МВД-м хъыбарыщIэхэмрэ жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм, апхуэдэуи Налшык къалэм щыIэ УМВД-м жылагъуэ зэпыщIэныгъэмкIэ и IэщIагъэлIым. 
- IэнатIэм и гупыр зэкъуэту я лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым и фIыгъэкIэ, щIыналъэм щыпсэухэм и чэзум яIэрохьэ ди деж щыIэ щытыкIэм, къыщIагъэща щIэпхъаджагъэхэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъу щызыщIэхэм я IуэхущIафэхэм ятеу­хуа хъыбархэр. Узыншагъэ быдэ фиIэну, творческэ лъагапIэхэм фы­нэсыну, фи къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну      си гуапэщ, - къыхигъэщащ Мамхэгъ Назир. 

УАРДЭ  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я