IЭНАТIЭКIЭ КЪЫЗЭГЪЭПЭЩЫНЫР ЯГЪЭНЭХЪАПЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ­Кавказ Ищхъэрэм Хабзэм къемызэгъыу лэ­жьапIэ къащтэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр наIуэ щIынымкIэ ­ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэм я зэIущIэу УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы-кIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий иригъэ­кIуэкIам. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ цIыхухэм лэжьыгъэ зэрыратыр, IэнатIэ зэрагъэувыр мы гъэм и щIышылэм къыдэкIа «ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къы­зэгъэпэщын» федеральнэ законым къитIасэу щы­тын зэрыхуейм. Чайкэ Юрий къулыкъущIэхэм ягу къигъэкIыжащ 2024 - 2026 гъэхэм КИФЩI-м и ­щIыналъэхэм цIыхухэм лэжьыгъэ егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм хабзэр къыщызэпауд щымыIэжу зэ­тегъэпсыхьын зэрыхуейр. 
Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэ­пэ­щынымкIэ федеральнэ къу­лыкъу­щIапIэм и уна­фэщI Иванков Михаил, Урысейм и МВД-м и управ­ленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и Iэтащхьэ ­Бачурин Сергей, Пенсэ, со­циальнэ страхованиемкIэ фондым, УФ-м ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ, социаль­нэу къызэгъэпэщынымкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр, хэгъэгухэм я унафэщIхэр зэIущIэм хэтащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ хабзэм къемызэгъыу лэжьапIэ къащтэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ, улахуэмкIэ ятелъ щIыхуэр зытрагъэ­кIы­жы­нымкIэ, пенсэ ныбжьым нэсахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ правительствэ комиссэ къызэрызэ­рагъэпэщар, абы и къудамэхэр районхэм зэры­щылажьэр. 
Мы гъэр къызэрихьэрэ цIыху 1200-м я Iуэхур къэ­ралым къызэригъэув хабзэм тету зэрагъэзэхуэжащ, иджы абыхэм къэралым ит шэсыпIэ псори яIэнущ. 
ЗэIущIэм кърихьэлIахэр лэжьыгъэм и пIалъэкIэ, чэнджэщхэмкIэ зэхъуэжащ, Чайкэ Юрий зыбжанэм Iуэхугъуэ пыухыкIахэр пщэрылъ ящищIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите