ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и къежьапIэр

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьы­ныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм. 

ФедерацэмкIэ Советым и спикерым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм и уна­фэщIхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIах щIына­-лъэм зиужьыным хуэунэтIауэ. «Иужьрей илъэситхум Iуэхугъуэ куэд зэфIэвгъэкIащ. Къапщтэмэ, зыужьыныгъэфIхэр ягъуэтащ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, эко­номикэм ехьэлIа IэнатIэхэм», - жиIащ Матвиенкэ, щIыналъэр сабий гъэсапIэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, медицинэ, еджапIэ IуэхущIапIэхэр зэрыщаухуэм, экономикэм зиужьыным мылъку зэрыхалъхьэм и гугъу щащIым. 
КIуэкIуэ Казбек Матвиенкэ Валентинэ фIыщIэ хуищIащ республикэм узыншагъэр хъумэным епха и IэнатIэм зиужьыным, ­медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуей Iэмэ­псы­мэхэмкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ. Къапщтэмэ, дызэрыт илъэсым къриубыдэу сом мелардым ­щIигъу ди щIыналъэм къыхуаутIыпщащ зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр къащэхун хуэдэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, а дэIэпыкъуныгъэм хуэдитхукIэ хэхъуащ. «Худэчых зиIэхэр зы­хуэ­ныкъуэ хущхъуэ псори диIэщ иджы», - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. 
АдэкIэ КIуэкIуэ Казбек тепсэлъыхьащ республикэм езым и мылъку къызэрилэжьыфым. «УФ-м и Президентым и жэрдэмхэр лъабжьэ зыхуэхъуа лъэпкъ про­ектхэм я фIыгъэкIэ щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ. Къэралым и Iэтащхьэм и Зэрызыхуигъазэм къыщигъэнэIуа Iуэху­гъуэхэу 2030 гъэм нэс тещIыхьахэр къы­зы­хуэтыншэу зэрызэфIэтхыным иужь дитщ мы зэманым», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
ЗэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ щIэб­лэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэми. «Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэм гъэмахуэм къриубыдэу загъэпсэхуным, я узыншагъэр ирагъэфIэ­кIуэным, спортым дегъэхьэхынымрэ программэм и лейуэ щIэныгъэ гуэдзэнхэр егъэгъуэтынымрэ», - жиIащ Матвиенкэ ­Валентинэ. КIуэкIуэ Казбек жиIащ а Iуэху­гъуэм республикэм и унафэщIхэм гулъы­тэшхуэ зэрыхуащIыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Антарес» егъэджэныгъэ центрым сабий лагерь илъэс хъурейм щолажьэ, ныбжьыщIи 100-м ятещIыхьауэ. А унэтIыныгъэм зиужь зэпытщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2025 - 09:12

ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ.

14.01.2025 - 09:09

Алинэ и Антарктидэр

Антарктидэ жыжьэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ.

14.01.2025 - 09:08

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъы­кIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит ро­зэ­хэм я хьэ­сэхэм деж, къы­­щызэIуахащ. 

14.01.2025 - 08:48

Лъагъуныгъэ

5-нэ Iыхьэ

13.01.2025 - 16:59

Хэхъуэхэр яIэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъа