НАРТ СОСРЫКЪУЭРЭ ТХЪУЭЖЬЕЙРЭ Я ТIАСХЪАПIЭР

Нарт тхыдэжь
Нарт Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартыжьхэм Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща ахэр, ауэ нарт Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И тIасхъапIэ къамыхутэмэ, яхуэукIынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр:
 – Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр къытхуэхутэ, – жаIэри.
 – ДжатэкIи шабзэкIи нарт Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым, – къажриIащ Уэрсэрыжь,– ФылъежьэкIи Тхъуэжьейм фылъэщIыхьэнукъым.
 – АтIэ сыт тщIэнур?
 – Жэщибл-махуиблкIэ фыкъыспэплъэ, сэ зыгуэр фхузэIусщэнщ, – жиIэри нартхэр къыдигъэкIыжащ Уэрсэрыжь.
Нартхэр къыдигъэкIыжри, Уэрсэрыжь аргъуейм еджащ. Аргъуейр къэсри, Уэрсэрыжь и пащхьэ къитIысхьащ.
 – Зэхэпха нартхэ жаIар? – еупщIащ Уэрсэрыжь аргъуейм.
 – Зэхэсхащ, – жиIащ аргъуейм.
 – Зэхэпхамэ, ежьи, нарт Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр къэхутэ.
Аргъуейр ежьащ, махуищ дэкIри къигъэзэжащ.
 – Къэпхута?
 – Къэсхутащ, – жиIащ аргъуейм, – Тхъуэжьейм и шыкIэ налъэ къыстехуэри, си зы дамэр икъутащ. Си зы дамэ щикъутэм, жьым сыкъэшэсри, сыкъэкIуэжащ.
 – АтIэ нарт Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр сыт?
 – Нарт Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр и куэпкъыщхьэрщ. Тхъуэжьей и тIасхъапIэр и лъэгурщ, – жиIащ аргъуейм.
 – Ар дауэ, къэпщIа?
 – Жейуэ сащрихьэлIэм, я щхьэм щызублэри си пэ дыдыр хэсIуурэ къэсхутащ. Нарт Сосрыкъуэ къыщыскIар си пэ дыдыр и куэпкъыщхьэм хэсхуа нэужьщ. И лъэгум сыщедзакъэм, Тхъуэжьейр къэскIащ.
ПIалъэр къыщысым, нартхэр Уэрсэрыжь деж ихьащ:
 – Сыт къыджепIэн? – жаIэри.
 – Псыжь адрыщI шурылъэс фыщыджэгу, – къажриIащ Уэрсэрыжь, – Шурылъэс къывдэджэгумэ, фызэщиудынурэ нарт Сосрыкъуэ къыфхэкIыжынущ. АпщIондэху Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тефлъхьэ, лъэмыжым мафIэ щIэфщIыхьи, вгъэплъ. Нарт Сосрыкъуэ къыфхэкIыжрэ лъэмыжым къытехьэмэ, Тхъуэжьейм и лъэгур цIынэщи, щIижьыкIынущ. ИтIанэ и ужь фыкъихьэ: нарт Сосрыкъуэ и куэпкъыщхьэр цIынэщи, Тхъуэжьейр имыIэжмэ, фхуэукIынущ.
Ар къащыжриIэм, нартхэр Псыжь зэпрыкIащ:
 – Шурылъэс дыджэгунущ, – жаIэри.
Нарт Сосрыкъуи ираджащ.
Шурылъэс яублэри, Сосрыкъуэ нартхэр зэщхьэщиудащ. Шурылъэсым хэтыху, нартхэм Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тралъхьащ, мафIэ щIащIэри, лъэмыжыр ягъэплъащ.
Нартхэр зэщхьэщиудри, Сосрыкъуэ къежьэжащ, Псыжь къыхэпкIэри къызэпрыкIыжащ. Ауэ ар лъэмыжым техьакъым – нартхэ ебзэджэкIащ.
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.