КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэ IуэрыIуатэр фIыуэ зэрилъагъум, куууэ зэрищIэм и щыхьэтщ тхыгъэ купщIафэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Абыхэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури.
Шэджэмокъуэ Хьэсанш
ЩIалэ закъуэт ар. Закъуэми, зэшибл я лIыгъэ и лIыгъэт. Ежьэрти, куэдрэ къэтт, къыщигъэзэжкIэ, фIыуэ ялъагъурти, жылэм я гуфIэгъуэт. Езыми жылэм я щIыхуэ къызытринэртэкъым: сыт къыздихьми къанэ щымыIэу тхьэмыщкIэм яхуигуэшырт.
Шэджэмокъуэ Хьэсанш зыдэс къуажэм бийм къракуртэкъым, хъунщIакIуэхэм абы жыжьэу къыпакIухьырт. Абы и цIэр жьыми щIэми ищIэрт, и лIыгъэм хэти щыгъуазэт.
- Хьэсанш жылэр депI, дехъумэ. Дэ сыт хуэтщIа? – жаIащ зэгуэрым. – Фыз къыхуэтшэнщ. АпхуэдэлI лъэпкъыншэ пщIы хъунукъым.
- Хэт къедгъэшэн? – жаIэри зэчэнджэщащ. Гупсысэщ, гупсысэри, Къэзаншхэ я пхъум траубыдащ.
Абы ДасусэкIэ еджэрт, дахэкIейт, щэныфIэт, и цIэ жыжьэ Iуат, уеблэмэ нэгъуейхэри къалмыкъхэри къыщIэупщIэрт…
Хьэсаншым и анэм деж кIуэри, жылэм я унафэр жраIащ.
- Хъарзынэщ, - жиIащ фызыжьым. – Фи унафэм сыт хэслъхьэжын…
ЩIалэм и анэр арэзы щыхъум, хьэблэм дэсыр, къанэ щымыIэу, Къэзаншхэ я деж кIуащ. Хъыджэбзым и анэм зыхуагъэзащ, «мыращ дыкъыщIэкIуар, дыкъыумыгъэщIэхъу», - жаIэри.
- Абы щхьэкIэ мыпхуэдиз фыкъыщIэкIуэн щыIакъым, - къажриIащ анэм. – Си пхъур Хьэсанш езмытмэ, хэт естын.
ЗэгурыIуэри пIалъэ зэIахащ. Хьэсаншыр Дасусэ дахэм лъыхъури, куэд дэмыкIыу щIалэр гъуэгу техьэн хуей хъуащ.
Дасусэр Хьэсаншым зэрыдэкIуэр къалмыкъхэм зэхахащ, нэгъуейхэми яIэрыхьащ абы и хъыбар. ТIури фIырыфIкIэ икIуэтынутэкъым: къалмыкъхэм хъыджэбзыр нэгъуейхэм Iэрагъэхьэнутэкъым, нэгъуейхэми апхуэдэ мурад яIэт. Къалмыкъхэми нэгъуейхэми ауи кърадзэртэкъым Шэджэмокъуэр хъыджэбзым зэрылъыхъуар…
Къалмыкъхэм япэ зыкърагъэщри, Дасусэр зыдэс къуажэр къатIысыхьащ, лIыкIуэ хахри хъыджэбзым и лъэпкъым къыхуаIуэхуащ:
- Дасусэ тшэну дыкъэкIуащи, къыдэфт, - жаIэри.
Хьэсаншыр гъуэгу зэрытетт. Хъыджэбзым нэгъуэщI Iэмал имыгъуэту сымаджэ нэпцI зищIащ.
- Хъужмэ, фэттыщ, - жаIэри къалмыкъхэм я лIыкIуэр дагъэкIыжащ.
Махуэ къэс къыщIоупщIэ къалмыкъхэр, «хъыджэбзыр хъужа?» - жаIэри. «Хъужакъым» жраIэри лIыкIуэр дагъэкIыж, загъэжьажьэ, Хьэсаншым поплъэ. Ауэрэ къалмыкъхэм яхуэмыхьыж хъуащ.
- ИгъащIэкIэ дыфпэплъэну дыкъэкIуакъым. ДахэкIэ къыдэвмытынумэ, зауэкIэ къыфтетхынщи, тхьынщ! – жаIащ.
- Шэджэмокъуэ Хьэсанш пIалъэ еттащ, фигъэшэнкъым, - жраIащ лIыкIуэм.
ЛIыкIуэр губжьащ:
- Щыблэу щытми, зы щIалэщ, абы дыщышынэркъым. Тшэнщ!
- Хъыджэбз сымаджэр дауэ фхьын, нэхъыфI хъужмэ, фэттынщ, къыщытпэвубыдкIэ, - жаIэри, аргуэру щхьэусыгъуэ ящIащ.
«Иджыри тIэкIу дыфпэплъэнщ», - жаIэри, къалмыкъхэр сабырыжащ, я лэгъупхэр зэфIадзэжри къуажэбгъум щитIысыкIыжащ, къуажэм бадзи къыдамыгъэкIыу, бадзи дамыгъэхьэу.
Хьэсаншым и къэкIуэжыгъуэр къыщыблагъэм, абы и ныбжьэгъу щIалэ гуэр Дасусэм ириджэри къигъэIущащ:
- Хьэсанш и къэкIуэжыгъуэ хъуащ, Iэзэ лъыхъуэ уежьауэ яжеIи къалмыкъхэм яIэщIэкI, Хьэсанш IущIэ, Iуэхур зытетыр жеIи къысхуэшэ.
ЩIалэр Хьэсаншым пежьащ, Iуэхур зытетыр гуригъэIуащ. Къуажэм къыдыхьэжыну къалмыкъхэм къащыкIуэцIрыкIым, Хьэсаншым зыри жиIакъым, зиущэхущ, къалмыкъхэм «сыIэзэщ» яжриIэри, къуажэм къыдыхьэжащ. Дасусэм деж щIыхьащ.
- Уи нэщхъыр зэлъыIух, - жриIащ абы хъыджэбзым. – Ухъужауэ яжеIи зыныдегъэш.
Хъыджэбзыр къэтэджащ, лъэпкъми «ди пхъур хъужащи, дэфш», - жаIэри, къалмыкъхэм хъыбар ирагъэщIащ. Къалмыкъхэр гуфIэнтэкъэ!
Къалмыкъхэр зэрыкIуэжыну гъуэгур Хьэсаншым ищIэххэрти, кIуэри къапэтIысащ, и шыр жыгым фIидзэри, езыр, и сагъындакъыр зэIудзауэ, жыгыщхьэм итIысхьащ. Жыгыщхьэм исщи, маплъэ. Маплъэри елъагъу: къалмыкъхэр зэрыхьзэрийуэ, я «нысащIэм» кIий-гуоушхуэр иращIэкIыу, ищхъэрэкIэ къыдокIуей; ипщэкIэ нэгъуейхэр къох, я кIэм сабэр ищIауэ. «Мы тIум зэращIэнур зэращIэху сыхъеинкъым», - жеIэри, Хьэсаншым жыгыщхьэм зыщегъэбыдэ.
ДзитIыр зэщохьэ, зозауэри мыхьыр зэрагъэхь, сытми, нэгъуейхэр токIуэри къалмыкъхэр зэбграху, Дасусэри къытрахри ирахьэжьэ.
Хьэсанш жыгым къохри шыныбэпхыр щIекъузэ, уанэгум зредзэри нэгъуейхэм ябгъэдехуэ, щабгъэдыхьэм, я пашэр къоупщI:
- Хэтхэ уащыщ? – жеIэри.
- Хэтхэ сащыщми, нобэр махуэщи, зывэзгъэщIэнщ…
Ар жеIэри, нэгъуейм я пашэр кърегъэпсых, гум бгъэдохьэри Дасусэр къепхъуатэ, дзэм къахехри банэм щегъэбыдэ. Трегъазэри шу кIапсэм холъадэ, хьэлэч зэтрещIэри, жэмхэгъасэри зэрису гур къатрехыж…
ХъыджэбзитIри кърегъэтIысхьэ, ишри бгъурещIэжри езыр гущхьэIыгъыу гъуэгу къытоувэж. Нэгъуейхэр, щхьэж и занщIэу зэбгрыжати, зэрыгъуэтыжа пэтми, щIалэм къыкIэлъыпхъэрын къракуакъым, ягъазэри хэкум икIыжащ.
Хьэсаншыр къакIуэурэ пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, жэмхэгъасэр плъэри, шыщIафэ джанэ щыгъыу лIы щIакъуэ, фочыр зыщIигъакъуэурэ пкIэуэ, я пащхьэм къикIэрэхъуауэ илъэгъуащ.
- Еплъыт, Хьэсанш, - жиIащ жэмхэгъасэ хъыджэбзым. – Адэмейм я афэ джанэр Адэфейм и джанэ куэщIщ.
- Щыгъэт! – гузэващ Дасусэр. – Абы и нэгу фIы щIэлъкъым.
Жэмхэгъасэр увыIэртэкъым, «шыщIафэ джанэр» жиIэурэ. ЩымыувыIэм, Хьэсанш гум къикIащ, шым шэсри лIы щIакъуэм бгъэдихуащ. Щыбгъэдихуэм, лIы щIакъуэр къопсалъэ:
- Угъурсызиблым ебланэр сэращ, мо дыгъэм си псэр дыкъухьэнущ, уэ пхуэдэлI зэрыздэсхьынур сигу къоуэ.
АрщхьэкIэ Хьэсанш къикIуэтакъым, ебгъэрыкIуащ. ЛIы щIакъуэм фоч кIэщIыр къигъэпкIри Хьэсаншыр шыпхэмкIэ къригъэпсыхащ, и псэр хэмыкI щIыкIэ къызэфIэтIысхьэжри лIы щIакъуэр иукIащ, шыщIафэ джанэр къыщихри хъыджэбзым къыхуихьащ.
- Мэ, тIасэ, - жиIэри, жэмхэгъасэм шыщIафэ джанэр хуидзри щIакIуэр иубгъуащ, гъуэлъри и псэр хэкIащ.
ХъыджэбзитIым сыт ящIэнт: хьэдэр гум къралъхьэри къежьэжащ. КъыздэкIуэжым, Дасусэм уэрэд иусащ:
- Сэ гъащIэ сиIэкъым, уэрэдыр уэ зэгъащIэ, - жиIэурэ, и гъусэ хъыджэбзым уэсят къыхуигъанэри, Дасусэри дунейм ехыжащ.
ТIури зы мащэм иралъхьауэ ягъэхъыбар. Уэрэдыр жэмхэгъасэм иIуэтэжри цIыхубэм къахэнащ.
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.