СУРЭТЫЩIЫМ И ЛЪЭР ЩIЭЗЫГЪЭКIЫР

Художникхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщу, нэхъ умыужэгъуу, сыт щыгъуи щIэщыгъуэу узыIуплъэр щIыуэпсым щыщ теплъэгъуэхэрауэ къыщIэкIынщ. Псом хуэмыдэжу ди хэкур къулейщ щIыпIэ дахэхэмкIэ, укIуа, плъэгъуа закъуэмэ, гукъинэ пщыхъуу. Апхуэдэ теплъэхэм тращIыкIа защIэу зэхэтщ художник зэчиифIэ Дзэгъэл 1эуес и сурэтхэр. 

Iэзагъэр мардэ зэхуэмыдэхэмкIэ къалъытэ. Ауэ нэхъыщхьэр еш умыщIэу улэжьэнращи, 1эуес абыкIэ къытенэ щыIэкъым. 
- Мы илъэситI-щым куэдрэ сежьащ, куэдрэ дунеяплъэ сыщыIати, лэжьыгъэхэр нэхъыбэ хъуащ. Теплъэгъуэхэр щызэхуэсхьэсащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Шэшэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ахэращ сурэтыщIхэр нэхъыбэу дыщылэжьар. ДяпэкIэ ДагъыстэнымкIэ сыкIуэну си мурадщ. СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм унафэщI диIэщи, абы къытхуигъэлъагъуэ щIыпIэм дыкIуэурэ дыщолажьэ. Гупыр зэщIыгъуу дыщыдэкIи щыIэщ, щхьэж игу къыщыпылъадэ и закъуэу махуитI-щыкIэ къэтурэ сурэт зыбжанэ итхауэ къыщекIуэлIэжи къохъу. ЩIыуэпсым сурэт тепщIыкIыу губгъуэ е мэз ущIэту ущытхэкIэ, дыгъэ гуащIэм уисыжауэ, уэшхым уиуфэнщIауэ, гугъуехь нэхъ зыпылъу пщIахэрщ гукъинэ пщыхъури. Ар псэкIэ зыгуэрым къыIэщIэптхъауэ къыпщохъу. Жьапщэмрэ уэшхымрэ лэжьыгъэр къраудыхыу, аргуэру тебгъэувэжрэ щIэрыщIэу птхыжу. Апхуэдэу лэжьыгъэ зыбжанэ сфIэкIуэдащ… ЗэрыжысIащи, ахэр си дежкIэ лэжьыгъэ лъапIэщ, лъэщапIэм щыстхам нэхърэ. 
- Уи IэдакъэщIэкIхэр пщэ мыхъуу, зыгуэрым тыгъэ хуэпщIын хуеймэ, тыншу птырэ, 1эуес?
- Апхуэдэ сурэт куэд сиIэщ, занщIэу зыгуэрым схуемытыну, гугъу сыдехьауэ, хъыбар гуэрхэри пылъу. Минвод щыщу ныбжьэгъу щIалэ сиIэщ - Кулишов Сергей. Ар ди гъусэу мэлажьэ. Абы итха сурэт гуэрым сехъуэпсат. «Щыптхар дэнэ деж? КхъыIэ, къызжеIэ», - жысIэри селъэIуати, кIыхьу къызжиIащ а щIыпIэр зыхуэзэр. Этюдникри холстри сIыгъыу, шхын тIэкIуи сIэщIэлъу сыкIуащ сэ абы. СыздэкIуам мы си пщэм къэсу удзыр итт. Жыжьэу уплъэмэ, уздэкIуэр плъагъуркъым, лъагъуэр мывэкIэ сеящи, си лъакъуэхэр зэхифыщIауэ лъы къож… Сытми, лъагапIэ сыдэпщейри, Iэ лъэныкъуэкIэ жыг къудамэр сIыгъыу, сыпIащIэу сщIащ сурэтыр. Тыншу къохъулIэ щыIэщ, къызэрымыкIуэу гугъу уздехьри нэхъыбэжщ. Мис а гугъу узыдехьар птыну къохьэлъэкI. 
- Сыт хуэдэ зы лэжьыгъэми хэплъхьэ гуащIэм и хуабагъэр нуру къыпхопс, ар гурэ псэкIэ уелIалIэу, пфIэфIу пщIауэ щытмэ. Пэжкъэ? 
- Аращ зэрыщытри. Апхуэдэ щIыкIэуи къару гуэр хэлъ мэхъу, нэрымылъагъуми, псэм лъэIэсу. Ауэ ар тыншу художникым къехъулIэркъым. ИужькIэ игъэзэкIуэж куэди къыхокI. Ар иджы зэлъытэжар художникым и цIыху щIыкIэрщ, и гумызагъагъэрщ. Си лэжьыгъэхэм сахэплъэжыху, иджыри зыгуэр хэслъхьарэт жысIэу, си Iэр «машхэ». Хэтщ узэмыIусэжыни, ауэ апхуэдэр куэдрэ къэхъуркъым. 
- СурэтыщI куэд щыIэщ, зылъыхъуэм лъэмыIэсурэ жьы хъужу, абы ирисымаджэу. Уэ «зыкъэбгъуэтыжауэ» пхужыIэну, 1эуес?
- «Академический реализм» сурэт щIыкIэм сыхуеджащ, къапщтэмэ. Абы сытетмэ нэхъ сфIэкъабылщ, си псэм нэхъ къещтэ. А сурэт щIыкIэм тету ятха лэжьыгъэм жыжьэу укъеплъмэ - сурэт техащ, убгъэдэкIуатэмэ - цIыхуIэм ищIа щIыуэпсым и зы теплъэщ. Ауэ сиIэщ абстракцэм нэхъ тегъэщIа сурэтхэри. Художникыр кърипцIыхужу зы унэтIыныгъэм тету тхэн хуейуэ къэзылъыти щыIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ зыри схужыIэнукъым. Сыту жыпIэмэ, унэтIыныгъэ зыбжанэм сыхозагъэри, гуныкъуэгъуэ сиIэу зыхэсщIэркъым. 
- Уи сурэт щыбгъэлъагъуэкIэ угузавэрэ?
- СурэтыщI псори гузавэу къыщIэкIынщ. Уи IэдакъэщIэкI цIыхум и пащхьэ щиплъхьэм деж, ухуей-ухуэмейми, уогузавэ. Сыту жыпIэмэ, абы жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ. Нобэ сытми зыгуэр згъэлъэгъуэнщ жыпIэу щхьэтелъэфу улажьэ хъунукъым. КъищынэмыщIауэ, сэ си щхьэ пщIэ хузощIыж, цIыхум си лэжьыгъэр къызэрыщыхъунур сфIэгъэщIэгъуэнщ, срогузавэ. Уи сурэтхэр цIыхубэм ягу ирихь-иримыхьым теухуауэ, адэкIэ узэрылэжьэнури боубзыху. 
- ЦIыхухэм уи IэдакъэщIэкIхэр къазэрыфIэщIам уи лъэр нэхъ щIигъэкIынумэ, апхуэдэ гъуэтыгъуэ уихуащ, 1эуес. Уи сурэт гъэлъэгъуэныгъэм псалъэ гуапэ куэд къыщыпхужаIэу зэхэсхащ, ари псэм къызэрыбгъэдэкIыр нэрылъагъуу.
- Упсэу! ЗэрыжыпIащи, щытхъум уи лъэр щIегъэкI. Щытхъу нэпцI мыхъуу, уи сурэтым цIыхур щеплъкIэ, абы и нэгур нэху къыщыхъум деж, псалъэншэу псори къыбгуроIуэ, гугъуехьу пшэчари пщIэншэ зэрымыхъуар уолъагъу. СурэтыщIыр нэхъыби хуейкъым. 
 

Беслъэней Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 15:59

Гъэ блэкIам кърикIуар

2024 гъэм къриубыдэу, республикэм и цIыхухэм газ зэрырикIуэ бжьамийхэм зыпащIэнымкIэ «Газпром межрегионгаз Нальчик» ООО-м лъэIу тхылъу 3752-рэ Iэрагъэхьащ.

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.