КЪУЩХЬЭ ТЕМЫРЛАН ЕЩАНЭЩ

Дзюдо

Адыгейм и къалащхьэ Майкъуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Куэблэ Екъуб и фэеплъу дзюдомкIэ «А» класс зиIэ 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, гуп 14-у гуэшауэ абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я бэнакIуэ 230-м щIигъу. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм хэтащ Къущхьэ Темырлан. Килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэм хузэфIэкIащ ещанэ увыпIэр абы къыщихьын. ЯпэщIыкIэ къызэрыхах зэIущIэхэм щыщу щым ар щытекIуэри, финалым и Iыхьэ плIанэм икIын папщIэ пэщIэхуащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием и бэнакIуэ Темиров Темыр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, осетин щIалэр къытекIуэри, Темырлан «финал цIыкIум» ягъэкIуащ. АдэкIэ, аргуэрыжу, зэIущIищым ар щытекIуэри, домбеякъ медалыр и хьэрхуэрэгъухэм къафIихьащ. 
Къыхэдгъэщынщи, иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и чемпионатым хэтыну, абы нэмыщI, къыфIащащ УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр.
 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ