ЦIЫХУ 400-М ЩIИГЪУ ЯГЪЭХЪУЖАЩ![]() Лышх узыфэхэмкIэ Тэн Iус Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, 2024 гъэр къызэрихьэрэ абы щеIэзащ Урысей Федерацэм и щIыналъэщIэхэм ящыщу цIыху 400-м щIигъум. - Донецк, Луганск республикэхэм, Херсон, Запорожскэ областхэм щыщу, сабийми балигъми, цIыху 400-м щIигъу ди IуэхущIапIэм щIэлъащ. Ди цIыхухэм пщIэншэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ къэралым щыIэ программэхэм япкъ иткIэ, деIэзащ абыхэм, - жеIэ онкоцентрым и унафэщI Кит Олег. Абыхэм ящыщу цIыхуи 175-м я щхьэмрэ тхыцIэмрэ хищIа лышх шыкъырхэр къыхагъэжын папщIэ робот-хирургхэр къагъэсэбэпкIэрэ операцэ ящIащ. ЦIыхуи 134-м я Iуэхур хущхъуэ защIэкIэ зэфIэкIыну къалъытащ. ЦIыху 70-м щIигъур луч терапие ящIащ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыху 400-м щыщу 13-р сабийт. Фырэ Анфисэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|