ЩIЭБЛЭМКIЭ ЩАПХЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуа­щIыжащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм зэдай «Куначество-2024» щIалэгъуалэ Iуэхур. Абы мы гъэм хэтащ республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щыщ унагъуэ 18. 

Курыт еджапIэм и 8 - 10 классхэм щIэс ныбжьыщIэхэу Iуэ­хум хэтахэр тхьэмахуэкIэ щыхьэщIащ зрагъэблэгъа уна­гъуэхэм. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ лъэпкъхэм я ­хабзэхэм, ­щэнхабзэм, нэхъыжьым, хьэ­щIэм пщIэ зэрыхуащIым, нэ­гъуэщIхэми. 
Мы Iуэхур зэраухам теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ щIалэхэмрэ гугъу закъыдезыгъэхьа унагъуэ­хэмрэ. Абыхэм ­папщIэ зыкъагъэлъэгъуащ ди республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм. 
Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ про­ектхэмкIэ министр КIурашын Анзор щIа­лэгъуалэм ехъуэхъуащ тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ зыхащIа ныбжьэгъугъэр, хьэ­щIагъэр я гъащIэ псокIэ къахуэщхьэпэну, езыхэри апхуэдэмкIэ щапхъэу щытыну. Зэхыхьэ ­гуапэм хэта щIалэхэм КIурашын Анзор сертификатхэмрэ ­саугъэтхэмрэ яри­тащ. Апхуэдэу адэ-анэхэм фIыщIэ тхылъхэмкIэ яхуэупсащ. 
Фигу къыдогъэкIыж: Iуэху дахэр къы­зэрыхалъхьэрэ (2009 гъэ лъандэрэ) Кав­каз Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Урысейм и ­щIыналъэхэм, Тыркум щыщ ныбжьыщIэ 400-м щIигъу зэрыцIыхуащ. Ар щхьэпэщ лъэпкъ, дин зэмылIэжьыгъуэхэм щыщ ныбжьы­щIэхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ягъэ­бы­дэнымкIэ, щIыналъэм щыпсэухэм я зэ­пыщIэныгъэм зрагъэубгъунымкIэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы