ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЩIАДЗЭНУЩ

Тэрч щIыналъэм щоужьэрэкI гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм икIи ахэр и кIэм нэблэгъащ. ЩIыпIэ администрацэм мэкъумэшымкIэ, муниципальнэ мылъкумкIэ, щIы зэхущытыкIэхэмрэ щIыуэпсыр фейдэ пылъу къэгъэсэбэпынымкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым гъавэ хащIэну хухахащ гектар 48 580-рэ. Абы щыщу гектар 8960-м щIигъум бжьыхьэсэр тращIащ: гуэдзыр гектар 8100-м, рапсыр – гектар 700-м, нэгъуэщI къэкIыгъэхэр – гектари 163-м.

Мы гъэм гъатхасэм хухаха щIым щыщу гектар 39617-м жылэхэр халъхьащ, е хасэну зытраухуам и процент 81,6-м. Абы щыщу гуэдзымрэ джэшымрэ ирагъэубыдащ гектар 30856-рэ, Iэщым ирагъэшхыну къэкIыгъэ щхъуантIэхэм – гектар 6272-рэ, кIэртIофым – гектар 950-рэ, хадэхэкIым – гектар 1540-м нэблагъэ. ХадэхэкIхэм нэмыщI, щIыналъэм къыщагъэсэбэп жылапхъэхэр къэралым къыщагъэкIахэрщ.

Бжьыхьэсэм щыIэ мэкъумэш хабзэхэм тету кIэлъоплъ, щIыгъэпшэрхэр ирикъуу щIалъхьэ. Апхуэдэу щытми, иужьрей махуэхэм щIыналъэм щыщыIа щIыIэм и зэран къэкIыгъэхэм екIащ, гъатхасэми зымащIэкIэ лъэIэсащ.

ТхьэмахуитI хуэдиз дэкIмэ, Тэрчым и мэкъумэшыщIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу, мыгъэрей джэш хъурейр Iухыжыным яужь ихьэнущ.

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.