ДИ НАРТЫХУ ЖЫЛАПХЪЭХЭР ФIЫУЭ ЯЩЭХУ

«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и япэ мазитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хамэ щIыналъэхэм жылапхъэу яхуригъэшам и куэдагъым хигъэхъуащ.

Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ - мазаем хуэзэу нартыху жылэу тонн 800,5-рэ ярищащ Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ, икIи ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. Абы нэмыщI, нартыху жылэу тонни 6 Ермэлым япэу хурагъэшащ.

Абы къыдэкIуэу, ди къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм республикэм опту яхуиутIыпщым хигъэхъуащ: нэгъабэрей тонн 1645,1-м и пIэкIэ мы гъэм тонн 1786,8-рэ е проценти 8,6-кIэ ар нэхъыбэ хъуащ.

«Россельхознадзор»-м и IэщIагъэлIхэм, зэрыхабзэу, республикэм ираш нартыху жылапхъэхэм щыщ Iыхьэ къыхахри, абыхэм я фIагъыр зыхуэдэр къыщапщытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лабораторием ягъакIуэ икIи дагъуэ зыхуащI къыхэкIмэ, ар ди щIыналъэм ирагъэшыркъым, ауэ апхуэдэ Iуэху мыщхьэпэхэр къыщыхэкI щыIэкъым. Нартыху жылапхъэхэм я щытыкIэр къотIасэ Урысейм къыщекIуэкI фитосанитар мардэми, хамэ къэралхэм абыхэм щхьэкIэ къыщагъэув хабзэхэми.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.