Я БЖЫГЪЭМ КЪЫХЭХЪУЭ ЗЭПЫТЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м - накъыгъэм и 12-хэм къриубыдэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа цIыху мин 60-м нэблагъэм ди республикэм и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъэгъуащ.

А махуэхэм дунейр тIэкIу уэлбанэрилэу щытами, туристхэм я гукъыдэжым ар зэран хуэхъуакъым. Псалъэм папщIэ, Джылы-Сум, Нарзан аузым зы махуэм къриубыдэу туристу зы миным щIигъу нэгузегъэужьакIуэ яшащ. ЦIыхур щыкуэдащ Iуащхьэмахуэ лъапэми. Абы и джабэ нэкIум кIапсэ гъуэгухэмкIэ дэкIыну хуейхэр мини 5-м нэблагъэрт, ауэ нэхъыбэм лъэс лъагъуэхэм тету къакIухьащ, лыжэхэмкIэ къэзыжыхьахэри мащIэкъым, хэти ауэ загъэпсэхуащ.

Налшык къалэр гъатхэм къызэрызэщIэгъагъэр турист куэдым ящIэ хъуащ, икIи абы и дахагъым димыхьэхыу къанэркъым ди деж зыщызыгъэпсэхуну а зэманым ди къалащхьэм и санаторэхэм, курортхэм къакIуэ хьэщIэхэр. Абыхэм щхьэкIи илъэс къэс программэ гъэщIэгъуэнхэр, щIэщыгъуэхэр зэхагъэувэ.

МыдэкIэ, Шэджэм, Шэрэдж щIыналъэхэми нэгузегъэужьыпIэхэмрэ зэбгъэлъагъунымрэ щымащIэкъым. Абы къыхэкIыуи, а щIыпIэхэр къыхэзых туристхэр махуэ бжыгъэкIэ а щIыпIэхэм къыщызэтеувыIэ хабзэщ.

Ди ресубликэм и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъуну апхуэдэ Iэмалхэр туристхэмрэ хьэщIэхэмрэ ягъуэт ди щIыналъэм щылажьэ «Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг