ГУП ЗЭПЕУЭМ ЩЫТОКIУЭ

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондомкIэ (ВТФ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) я зэхьэзэхуэ. Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 14 - 17-хэм Красноярск къалэм щызэхэтыну Урысейм и еджакIуэхэм я I2-нэ спартакиадэм ягъэкIуэнухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ ар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр абы къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм икIи зэфIэкIыфIхэр къагъэлъагъуэу гуп зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ.
Щхьэзакъуэ зэIущIэхэм я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Хубуловэ Анжеликэ (кг 68+), Бицу Къантемыр (кг 59-рэ), Къэзанш Къасболэт (кг 63-рэ), Гъубжокъуэ Астемыр (кг 73-рэ), Уэзрокъуэ Аскэр (кг 78-рэ), Щоджэн Басир (кг 45-рэ), ПщыхьэщIэ Эстеллэ (кг 47-рэ), Орловэ Марие (кг 59-рэ), Пэфыф Эвелинэ (кг 59-рэ), Iусен Руслан (кг 37-рэ).
Зэпеуэм щытекIуахэм иратащ медалхэр, кубокхэр, саугъэт щхьэхуэхэр. Абы нэмыщI, Бицу Къантемыр нэхъ лъэщу абы къыщалъытащ, Унэжокъуэ Абдельджабар – тренер нэхъыфIу. 
Командэм дэлажьэхэр УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир, Унэжокъуэхэ Абдельджабаррэ Къантемыррэ, Бозиев Муслим сымэщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.