ЛЭЖЬЫГЪЭ И ПIАЛЪЭКIЭ ЗОХЪУАЖЭ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «VITA REHAB DAY: реабилитация, санаторно-курортное лечение. Настоящее и будущее» фIэщыгъэр зиIэ, щIыналъэхэр зэпызыщIэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм абы и утыку къыщрахьащ иужьрей зэманым унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьа Iэзэгъуэхэр, апхуэдэуи къагъэлъэгъуащ санаторэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэу къалъытэхэр.
         КъБКъУ-м и медицинэ академием и директор, профессор Мизиев Исмэхьил зэхыхьэр къызэIуихри, абы хэтхэр щигъэгъуэзащ махуитIкIэ екIуэкIыну конференцым и жыпхъэм икIи къыхигъэщащ апхуэдэ зэIущIэхэр Iуэхум нэхъ куууэ хэгъуэзэнымкIэ Iэмал хъарзынэу зэрыщытыр.

         - Щытхъушхуэ зиIэу щыта Кавказ Ищхъэрэм и санаторэхэр иужьрей зэманым къызэрыщIэрэщIэжыр гуапэщ. Абыхэм зегъэужьыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Къэралым и щIыпIэ куэдым къикIыурэ абы я узыншагъэр щызэфIагъэувэжу, щрагъэфIэкIуэжу илъэс бжыгъэ куэдкIэ къекIуэкIащ, мис иджы а IуэхущIапIэхэм япэм яIа пщIэм зыкъеIэтыжри, ди къару етхьэлIэн хуейщ зэредгъэфIэкIуэнум. Кавказ Ищхъэрэм и санаторэхэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ нобэ куэд зэфIагъэкI, иджырей IэзэкIэщIэхэр, узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным и жыпхъэщIэхэр къагъэсэбэп. Шэч къытесхьэркъым нобэ конференцым хэтхэм   я IэнатIэхэм къащыхуэщхьэпэн куэд къызэрыщащIэнум, - жиIащ  Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щIэныгъэ-егъэджэныгъэ медицинэ зэгухьэныгъэмкIэ и ЗэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Мажаров Виктор.

         КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, профессор Алътуд Юрэ конференцыр зытраухуа Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщри, жиIащ а унэтIыныгъэмкIэ егъэджэныгъэ Iуэхур адэкIэ яубзыхунымкIи ар щхьэпагъышхуэ зыпылъ щIэныгъэ зэхыхьэу зэрыщытыр.

         «Санаторэхэм цIыхухэм я узыншагъэр щызэфIэгъэувэжыным, щегъэфIэкIуэжыным бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуэгъуэтын Iуэхум нобэрей конференцым хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIынущ. IэнатIэм щылажьэ дохутырхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ абыкIэ щыIэ гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къагъэнэIуэну сыщогугъ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм IуэхугъуэщIэхэм утезыгъэгушхуэ гупсысэхэр къыхыбох, зыужьыныгъэм ухуэзышэ дэтхэнэ  зы жэрдэмри сэ дэсIыгъыну сыхьэзырщ», - жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

         КъБКъУ-м и медицинэ академием и пэIущIэ пэшым щекIуэкIащ санаторэ-курорт IэзэкIэм иджырей медицинэ IэмэпсымэщIэхэр къызэрыщагъэсэбэпым теухуа мастер-классхэр.

         ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.