«ВАГЪУЭ ЦIЫКIУХЭМ» Я ПШЫХЬ

Музыкэ къэрал театрым концерт щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ).

ЩIыналъэ, урысейпсо, лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр цIыхубэм фIыуэ ялъагъу къэфакIуэхэм ящыщщ. Абы и щыхьэтщ пшыхьым куэд къызэрекIуэлIар.

 «Вагъуэ цIыкIум» ягъэзэщIащ «Къафэ», «Удж хэш», «Ислъэмей», «Зэныбжьэгъуищ», «Удж пыху», «Мэлыхъуэ», нэгъуэщI къафэхэр. НыбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ адыгэ къафэм и дахагъэр, лъэпкъ хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр.

КърихьэлIахэм пшыхьыр ягу дыхьащ икIи къэфакIуэхэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ. «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и зэфIэкIым кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр нэрылъагъущ.  Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ гупым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэныр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур къагъэлъэгъуащ. Ар зи фIыщIэр сабийхэм псэемыблэжу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритыр нэр зыгъэгуфIэщ.

Щэнхабзэ зэхуэсхэмрэ фестивалхэмрэ зэрызыкъыщагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ, гупым Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэм зыхагъэгъуазэ, я зэфIэкIым хагъахъуэ. Къурашэ Эдыдж и гъэсэн ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым куэд дехьэх. Республикэр зэрыгушхуэ мы къэфакIуэхэр хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ.

Пшыхьыр ягъэдэхащ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым я ныбжьэгъухэм:  «Гордость Кавказа» (художественнэ унафэщIыр Жанатаевэ Иренэщ), «Каллисто» (художественнэ унафэщIыр Романихинэ Иринэщ), «Бахъсэн ауз» (художественнэ унафэщIыр Нэхущ Маринэщ), «Ритмы гор» (художественнэ унафэщIыр ЩIанкIэ Аслъэнщ) ансамблхэм, Сэхъу Хьэсэн и пшынэбзэм.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.