Дызэгупсысын диIэщ

«Урысейм и дыщэ къабзий» - апхуэдэцIэ зэрехьэ 1996 гъэм ягъэува, УФ-м журналист нэхъыфIу къыщалъытэхэр илъэс къэс щIызэпрагъауэ мылъку саугъэтым. Гъатхэпэм и 27-м Мэзкуу щекIуэкIащ мыгъэрей текIуэныгъэм зи на­сып хэлъу къыщIэкIахэр ща­гъэлъэпIа пшыхь. Ар къыщызэIуихым, УФ-м и Жур­налистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьёв Владимир къэпсэлъащ. 

«Нобэ ди лэжьэгъухэм унэ­тIыныгъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм къыщахьа я саугъэтхэр яIэрохьэж. Мыгъэрей зэ­хьэзэхуэм зэхъуэкIыныгъэ зы­б­жанэ хэтлъхьащ. Абы хиубыдащ дзэм хэт, илъэсищ хъуауэ зауэ IэнатIэм Iуту зи къалэныр хахуэу езыхьэкI корреспондентхэр. Къи­нэ­мы­щIауэ, зэхьэзэхуэм къы­хыхьащ Урысейм щыщ хъужа щIыналъэщIэхэм я журналистхэри. Мы гъэм зэпеуэм хэтынухэр къызэрыхаха Iэмалхэри тхъуэжащ. СМИ-м хиубыдэ дэтхэнэ зэгухьэныгъэми хуитыныгъэ еттат езыр-езыру зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуэну». 
«Дыщэ къабзий» саугъэтым щытекIуахэр ягъэлъа­пIэм къыщымынэу, ар къы­зэзыгъэпэщхэм гъэ къэси ­къапщытэж зэпеуэм къагъэхьа лэжьыгъэхэм я фIагъыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мыхъуауэ къалъытахэр щIэ­мыхъуа щхьэусыгъуэхэри ­къагъэнаIуэ. ГъэщIэгъуэн ды­дэу къытщыхъуащ МГУ-м жур­налистикэр щезыгъэ­дж­хэм нобэрей печатым и щы­тыкIэм, щIыпIэ пхыдзахэм къыщыдэкI газетхэм я лэ­жьыгъэр къэзылъахъэ­хэмрэ абы хэкIыпIэ къыхуэзыгъуэ­тыфахэм я щапхъэхэмрэ щы­тепсэлъыхьа зэIущIэри. Гу зылъытапхъэ куэдым я щхьэ тричащ доцент Колесниченкэ Александр: 
«Дапхуэдэу зыхуей хуэза район е щIыналъэ газетыр зэрыщытыпхъэр? Ар езыр къыщыдэкI щIыпIэм щызэ­хуэмыхъу лъэпощхьэпохэм тепсэлъыхьыфу щытын ­хуейщ, япэрауэ. Гъуэгур мы­лым зэщIищтащ е кумб­лъэмбщ, егъэджакIуэ бзаджэ гуэрым сабийхэр гугъу ирегъэхь е иригъэджэфыркъым, сымаджэщхэм доху­тырыфI е хущхъуэ яIэкъым, бжьамийхэм псы улъия къож - сытми, унафэщIхэм я Iэ здынэсыпхъэр я нэм щIиIуу, цIыхухэр зымыгъэтынш бэ­лыхьхэр ящхьэщихыфу. ­ЕтIуанэрауэ, абы и напэ­кIуэцIхэм къыщыпсэлъэну хуейхэр хуит ящIыпхъэщ: жэуап зыхьхэмрэ Iуэхум хэзыщIыкIхэмрэ, зи жагъуэ ящIахэмрэ зи напэ трахахэмрэ. Къэхъуам лъэныкъуэ зыбжанэкIэ уеплъыфын хуэ­дэу. 
«Урысейм и дыщэ къабзий» зэхьэзэхуэм къагъэхьа газетхэм я нэхъыбэр зы жыпхъэм итщ. «ЕкIуэкIа Iуэху­гъуэм теухуа журналистикэ» яфIэсщынт абыхэм. Мыр къэпсэлъащ, мобы зыгуэр иратащ, мыхэр зыщIыпIэ къы­щыфащ, адрейхэр зэхуэсащ, зэпеуащ, зыгуэрым хуэ­щыгъуащ. Iуэхум кърихьэлIахэр сатыру еувэкIауэ къы­зэрыплъ сурэт зэшыгъуэхэр я гуIэфIтещIэжу». 
Колесниченкэм игу къигъэкIыжащ Путин Владимир щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэм щахуэзам щыгъуэ, зи район газетым «Хъуэхъу открыткэ» фIэзыща хъыджэбзым жиIахэр: газетым цIыхубэм къыфIэIуэху зыри къытрадзэркъым, ап­хуэдэ гукъыдэж зыщIхэм я тхыгъэхэр къыIахыркъым. 
«Интернет напэкIуэцIхэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэхэри ямыIэу щыткъым газетхэм, - жиIащ доцентым. - Ауэ я щIэ­джыкIакIуэхэм нэхъ щеп­сэлъылIэфыну къудамэщIэу къалъытэным и пIэкIэ, ахэри зи тхэныгур ирауда журналистхэм пщIэншэу ирагъэлъэф къалэну къып­щохъу, тхылъымпIэ газетым узыгъэIэпхъуэ тхыгъэ кIэщI­хэм фIэкIа, зыри гъэщIэгъуэну иратхэркъым. «Зыгуэр къэмыхъукIэщэрэт», - жи­Iэ­рейт Чеховым и Iуэтэжым хэта лIыхъужьым. А хабзэм тетущ газетхэм я нэхъыбэр зэрагъэхьэзырыр». 
- Газетхэм я къыдэкIыкIэм уеплъмэ, гъэщIэгъуэнщ ахэр иджыри зэрымыкIуэдыжыпар, - щыжеIэ Денисовэ Еленэ «ЩIыналъэ щхьэхуэхэм къыщыдэкI газетхэм ятеу­хуауэ гу зылъытапхъэ Iуэху­гъуих» зыфIища и тхыгъэм: «Я администрацэхэм я уна­фэщIхэм жаIахэр, ахэр здэ­щыIахэр, абыхэм зэ­хуэсхэм къыщапсэлъахэр къытра­дзэныр хабзэ яхуэхъуащ щIы­пIэ газетхэм. Япэрауэ, абыкIэ газет напэкIуэцIыр ирырагъэкъу. ЕтIуанэрауэ, ар зи цIэ къраIуэхэми я жагъуэ хъуркъым. Е къулыкъущIэ гуэрым интервью къыIахри, езым и цIэр кIэщIатхэж. Тхыдэм, ­лъахэхутэхэм я тхыгъэхэр къытохуэ. ЦIэ зыкIэщIэ­мы­тых­хэхэри мащIэкъым. Уна­фэ къыдагъэкIахэр, жьгъей­уэ къэщыпа дэфтэрхэр, пресс-IуэхущIапIэхэм кърагъэхьахэр. Интервью къызы­Iах хабзэр нэхъыбэу къу­лыкъущIэхэрщ. Я щIыпIэм унафэщI фIэкIа щымыпсэууэ, абыхэм папщIэ газет къыдагъэкI уи гугъэнщ. Хэт ап­хуэдэ газет хуейр? ГурыIуэ­гъуэщ, администрацэхэм я лэжьэкIэр къагъэлъагъуэу аращ. Ауэ газетыр хъуауэ къыщыплъытэнур ар къы­щы­дэкI щIыпIэм щызэфIэхыпхъэ Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхь­мэщ. Псэ зыIут цIыхум темыу­хуамэ, зытхари мыгурыIуэ­гъуэмэ, журналистым и лэ­жьыгъэр мыхъуауэ аращ». 
Газет куэдым я щыуагъэу Денисовэм къелъытэ ахэр щIалэгъуалэм яхуэгъэзауэ зэ­рыщымытыр, зи ныбжь хэкIуэта фIэкIа къеджэнукъым жаIэу, тхыгъэ зэшы­гъуэхэмкIэ зэрырагъэлейр. «Илъэс бжыгъэ ирикъуа цIыхушхуэхэмрэ текIуэныгъэ саугъэт зратахэмрэ утыкум икIыркъым. Ауэ щыхъукIэ, ­газет щIыщыIэр псэукIэр, жы­лагъуэр ефIэкIуэн, дэтхэнэ зыми и къэухьым зиужьын папщIэщ», - етх абы. 
Газет тедзэгъуэр къызэрысам иредгъэхьэлIа мы псалъэмакъым ди щIэ­джы­кIа­кIуэхэри къыпэджэжыну ди гуапэт. УзэпхыдэIукIмэ, я хъуреягъкIэ щекIуэкI Iуэху мыщ­хьэпэхэм ятеухуа, е фIы гуэр яхузэфIэкIынрэ пэт, дэIэпыкъуэгъу зымыгъуэтхэм я псалъэ щызэхыдох хъыбарыбэ напэкIуэцIхэм. АрщхьэкIэ редакцэм къакIуэу зи гупсысэ къыдэзыхьэлIэхэр мащIэ дыдэщ. НтIэ, къэралым къы­уита Iэмалыр къыумыгъэщ­хьэпэмэ, дауэ сэбэп къыпхуэхъуфынум е узыхуэхъуфынум узэрылъэIэсынур? ­ЦIыху­бэр зэрызэкъуигъэувэн къару «Адыгэ псалъэм» ­гъунэжу иIэщ. Ар нэхъ иныж хъунут, газетыр цIыхубэм зэ­рейр зыщыдмыгъэгъуп­щэ­мэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.