Экономикэм и зэпIэзэрытыныгъэр зэлъытар

Мы махуэхэм ди респуб­ликэм и къалащхьэ Налшык щокIуэкI Урысей Федерацэм и Антимонополь­нэ IуэхущIапIэм (ФАС-м) и къудамэу Кавказ Ищхъэ­рэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ хэгъэгухэм, апхуэ­дэуи Донецк, Луганск республикэхэм, Запорожье, Херсон областхэм щыIэ­хэм я лIы­кIуэ­хэр щызэрихьэлIэ зэ­Iу­щIэхэр. 

Абыхэм ящыщ зыр ды­гъуа­сэ Налшык и «Синдикэ» хьэщIэщым щызэхашащ. Зэхыхьэр къыщы-­зэ­Iуи­хым, щызэIущIахэм ­хъуэ­хъу­ псалъэкIэ захуигъэзащ УФ-м и ФАС-м и уна­фэщIым и къуэдзэ Магазинов Геннадий. Ар кIэщIу къытеувыIащ монополием щыпэщIэтынымкIэ къэралым щекIуэкI политикэр зыхуэдэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Уна­фэщIым и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед бысым­хэм я цIэкIэ хьэщIэхэм за­хуигъэзащ: 
- Псом япэрауэ, зэхыхьэш­хуэм кърихьэлIа псоми фIы­щIэ яхузощI. КIэлъыкIуэу, къэралым щIыналъэщIэу къы­хагъэхьэжахэм я лIы­кIуэу лэжьыгъэ IуэхукIэ къыт­хуэкIуахэм щхьэхуэу захузогъазэри, «Къэбэрдей-Балъкъэрым лъапэ махуэ къифхьауэ тхьэм къы­щIи­гъэкI!» - яжызоIэ. Къэ­ра­лым и экономикэм ­тела­жьэ­ IэнатIэ псоми еры­с­къып­хъэрэ хьэпшыпу къы­щIагъэкIым, хэплъэ-хэдэ лей­ къыхэмыкIыу, зэхуэдэу щIэупщIэ щаIэнымкIэ Iэ­мал­рэ бгъэдыкIэу щыIэ­хэм фытепсэлъыхьыну мы махуэхэм ди республикэм щызэхуэсахэм зи яужь фихьа Iуэхур фызэригугъауэ къывэхъулIэну си гуапэщ. Зэ­рыт­щIэщи, ерыскъыхэкI­хэмрэ хьэпшып зэмы­лIэу­жьыгъуэхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэм ящыщщ хьэрычэт мащIэмрэ курытымкIэ IэнатIэхэри. Апхуэдэхэм я бжыгъэр ди къэралым мелуан 25-м щыщIегъу. Ахэр мыд­рей нэхъ инхэм демыгъэ­къузэнымкIэ Iэмалу щыIэр Хэкум и дэтхэнэ щIыналъэми зыщегъэубгъунымкIэ мы­бы хуэдэ зэхыхьэхэр сэ­бэп зэрыхъум шэч хэлъкъым. 
АдэкIэ псалъэ иратащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим. 
- IэнатIэм щылажьэхэм я лIыкIуэу щIыналъэщIэхэм къикIахэри къыфхэту мыбдежым щызэхуэсахэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къыбгъэдэкIыу хуэхъу псалъэкIэ зыныфхузогъазэ! Шэч хэлъкъым, къэралым и экономикэр зэпIэзэрыту щыгъэтыным телажьэ Iэмалхэм щы­теп­сэлъыхьынымкIэ, бгъэды­хьэкIэщIэхэр щыубзыху­нымкIэ мыбы хуэдэ зэIущIэхэр зэрыщхьэпэм, - жиIащ Жанатаевым. 
ФАС-м и Къэбэрдей-Балъ­къэр къудамэм и унафэщI Къумахуэ Аннэ къы­хигъэщащ мыбы хуэдэ зэхыхьэхэр щегъэкIуэ­кIы­ным­кIэ къэралым и уна­фэщIхэм ди республикэм дзыхь къызэрырагъэзам папщIэ фIыщIэ лей зэра­хуищIыр. 
- ЗэрыфщIэщи, къэралым мы и къулыкъур къы­зэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 20 ирокъу. АтIэми, блэкIа зэман кIэщIым къриубыдэу УФ-м абы къэ­ралми жылагъуэми лэжьыгъэшхуэ щригъэкIуэ­кIащ, ерыскъырэ хьэпшыпу къы­щыщIагъэкIым я фIагъым хагъэхъуэнымкIэ, монополие щымыгъэIэным хуэу­нэтIауэ уасэхэм кIэ­лъып­лъынымкIэ, хабзэм еба­къуэ­хэр жэуапым и чэ­зум ешэлIэнымкIэ, апхуэ­дэхэр гъуэгу захуэ тешэ­жы­ным­кIэ. Апхуэдэ бгъэды­хьэкIэр, шэч хэмылъу, къэ­ралым и псэукIэ-щыIэкIэр зэпIэ­зэ­рыт щытыкIэм изыгъэтхэм ящыщ зыщ. 
Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ УФ-м и ФАС-м и щIыналъэ къудамэхэм ядэлэжьэнымкIэ, зэпеуэ узыншэм зыщегъэубгъунымкIэ и IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сангаджиевэ Манцэ. Абы и ­гугъу ищIащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм хьэрхуэрыгъэм зыщегъэу­жьы­нымкIэ къэрал политикэр зэрыщагъэзащIэм.
ХьэщIэхэр Къэбэрдей-­Балъкъэрым накъыгъэм и 31 пщIондэ щыIэнущ. А зэманым къриубыдэу, ахэр ди республикэм и щIыпIэ дахэхэм яшэнущ, я нэгу зыщрагъэужьынущ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.  

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.