Хамэ щIыналъэхэм ядэлажьэхэм я ехъулIэныгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прави­тельствэм и Унэм иджыблагъэ ща­гъэпажащ «2024 гъэм и экспортер» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Саугъэтхэмрэ кубокхэмрэ абыхэм яритащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. 

«ПромышленностымкIэ илъэ­сым и экспортер» щIыналъэ зэпеуэм щы­текIуащ «Техно-Алмаз» IуэхущIапIэр, «Ерыскъы промышленностымкIэ илъэ­сым и экспортёр» хъуащ «Лэгъу­пыкъу» IуэхущIапIэр, «Мэкъумэш про­мыш­ленностымкIэ илъэсым и экс­портерым» япэ увыпIэр къыщихьащ «Базис» про­изводствэ-коммерцэ фирмэм, «Илъэ­сым къриубыдэу фIыуэ зызыужьа» зэ­хьэзэхуэм щыпашэщ «Энерджи Дринк Компани» ООО-р, «Аква-кристалл» сату щащI унэм и ­гуащэ Уэрыш Мадинэ «ЦIыхубз экспортер нэхъыфIу» къалъытащ, «Пастилуш­ка» IуэхущIапIэр щытекIуащ бжыгъэр и лъабжьэу интернеткIэ сату зыщIхэм я деж, «Шэджэм абдж заводыр» щIыналъэ нэхъыбэ зыдэла­-жьэ IуэхущIапIэ хъуащ.
Мусуков Алий хьэрычэтыщIэхэм фIы­щIэ яхуищIащ иджы екIуэкIа зэ­хьэ­зэхуэм екIуу зэрыхэтам щхьэкIэ икIи къыхигъэщащ, иужьрей илъэсхэм къэ­ра­лым къращIылIа дэкъузэныгъэхэм щхьэкIэ къэмынэу, республикэм и IуэхущIапIэхэм хамэ къэралхэм хуаIэ сату пыщIэныгъэхэр зэрефIакIуэ зэпытыр. Абы щыхьэт тохъуэ блэкIа илъэситIым къриубыдэу экспортымкIэ щIыналъэм  и хэхъуэр процент 32,1-кIэ нэхъыбэ зэ­рыхъуар. 
«Дызэрыт илъэсми ехъулIэныгъэфI­хэр зыIэрыдгъэхьэфынущ икIи, шэч къы­тесхьэркъым, «Илъэсым и экспортер» зэхьэзэхуэр абы шэсыпIэ зэ­ра­хуэхъунум, ди IуэхущIапIэхэм жы­джэру зэрызаужьынум, фIагъ лъагэ зиIэ продукцэхэр къызэрыщIагъэкIынум, зы­пыщIа хамэ щIыналъэхэмрэ сатууэ ящIэм и куэдагъымрэ къазэрыхэхъуэнум», - жиIащ КъБР-м и Прави­тельст­-вэм и УнафэщIым.
Фыщыдгъэгъуэзэнщи, «Илъэсым и экспортер» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэ зэпеуэр республи­-  кэм Экспортыр щыдэIыгъынымкIэ и ­цент­рым илъэс къэс ирегъэкIуэкI, «Дуней­псо кооперацэмрэ экспор­тымкIэ», «Хьэ­рычэт мащIэмрэ ку­ры­тымрэ уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.