АПХУЭДЭ ГУЗЭВЭГЪУЭ ТХЬЭМ ЗЭИ АФIЭКIА ДИМЫГЪЭЛЪАГЪУ!

ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъу ­лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дунейм адыгэу тетым Кавказ зауэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж. Хуитыныгъэмрэ Хэкумрэ щхьэкIэ зи псэр зытахэм, ИстамбылакIуэ гъуэгум трагъэувэу кIуэ­дыпIэ ирашахэм, кIэ зимыIэ бэлыхьхэр зытепсыха ди нэхъыжь­хэм дахуощыгъуэ, яшэча гузэвэгъуэхэр щIэрыщIэу ди нэгу къыщIыдогъэувэж. Илъэси­щэм щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым и иужьрей топышэр зэрырагъэкIрэ илъэси 160-рэ ирикъуащ, ауэ абы лъэпкъым ­къридза фэбжьыр иджыри къыздэсым хэгъуэщэжакъым, къыхуихьа гуIэгъуэ бжыгъэншэхэр цIыху­бэм я щIэжым хэкIуэдыкIыжакъым.
Адыгэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къыщIэкIа зауэм дыщегупсыскIэ, уни жьэгуи къагъанэу щтапIэ ихьэжа цIыху минищэхэр дигу къыд­римыдзеинкIэ, зеиншэу къэна сабий хейхэм дигу ящIэмыузынкIэ, зэуа­пIэм икIуэда щIалэхэм дахуе­мыплъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым. ­ИхъурегъкIэ нэпст, гуауэт, гуIэ­гъуэт… КIыхьу икIи гущIэгъуншэу цIыху мамырхэм къращIылIа зауэм и кIэр нэхъыкIэжт - пщIым щыщу бгъум и псэр щIимытамэ, Хэкур ибгы­нэн хуей хъуащ. Лъэпкъ­кIуэдыр адыгэхэм къахуэзыхьа а зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м увыIами, тхыдэм хилъэсэж къэхъукъащIэхэр пхузэгъэзахуэркъым, щхьэм къыпхуигъэтIасэркъым.
Кавказ зауэм теухуауэ куэд ятхащ, нэхъыбэжи жаIащ, ауэ ар лъэпкъ щIэжым ноби хэтщ. Ди адэжьхэмрэ къэкIуэну щIэблэхэмрэ я пащхьэ щыдиIэ хьэкъхэм ящыщщ а фэеплъыр тхъумэныр, и пэжыр абыхэм деж нэтхьэсыныр, апхуэдэ нэщIэбжьэ къэмыхъун папщIэ тлъэкIыр тщIэныр.
Нобэ адыгэхэр лъэпкъыбэ Урысейм ящыщу я адэжь лъахэм щопсэу, зыхэтым къахэщу, я лъэпкъы­щхьэр яхъумэу, пщIэ зыхурагъэщIу. Я бзэрэ хабзэрэ зэрахъумэжы­-    ным хущIэкъуу ди лъэпкъэгъухэр къэрал 50-м щIигъум исщ. Сыт хуэдиз гу­гъуехь хэтми, къызыхэкIар ­зыщагъэгъупщэркъым, зыпэрыт ­IэнатIэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щащI, дуней псом адыгэцIэр фIы и лъэныкъуэкIэ щагъэIу.
БлэкIам дыщыхуеплъэкIыжым деж лъэпкъым и щхьэ кърикIуа бэлыхьлажьаем и мызакъуэу, нэщхъыфIагъ зыхэлъ Iуэхугъуэхэри хэтлъэгъуэфын хуейщ: урыс-адыгэ зэхущытыкIэхэм я фIыгъэкIэ ди ­лъахэм зэпымыууэ къихьэ зэры­пхъуакIуэхэм къазэрыIэщIихар, мы­у­хыж зауэхэм пэIэщIэ зэрахуищIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
БлэкIа Iуэхугъуэхэм дащыте­псэлъыхькIэ, къыхыдогъэщ адыгэ тхыдэм къыщыхъуа гуауэщхьэуэхэм хуэдэ адрей лъэпкъхэми я щхьэ къызэрырикIуар, нэпсрэ гуIэгъуэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIхэр я дыгъуасэ махуэхэм зэрыхэтыр. Ауэ нобэ псэухэм а псом дерс къыхэтхыныр ди пщэрылъщ, ди щIэблэм я къэкIуэнур дубзыхуныр, зэгуры­Iуэмрэ зэхущытыкIэфIхэмрэ хэлъ фIагъыр захедгъэщIыкIыныр ди ­къалэнщ. ЖыпIэнуращи, а лъапIэныгъэхэр щхьэузыхь зыхуэпщI хъун щхьэусыгъуэ щыIэн хуейкъым - узэгурыIуэныр, мамыр гъащIэм зэгъусэу утелэжьэныр, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыныр дэтхэнэ зы цIыхуми и къалэн лъагэу къилъытэжын ­хуейщ.
Адэжьхэм я фэеплъыр тхъу­мэкIэрэ, дэ фIым, ныбжьэгъугъэм, ди хэгъэгуми, къэралми, дунейми тет лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын ­хуей мамырыгъэмрэ зэхущытыкIэ тэмэмхэмрэ къызэрытIэтыным ­дегупсысыпхъэщ.
Дэ игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди нэхъыжьыфIхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкIуэда дэтхэнэри, тхъумэнущ я фэеплъ нэхур. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу а фэеплъыр лIэужькIэрэ зэрызэIэпахынур. Дэ къытхуэнэр а фэеплъым дыхуэфэщэнырщ, ди ужькIэ къэ­кIуэнухэм я пащхьэ щытхь пщэ­дэ­кIыжыр зыщыдмыгъэгъупщэ­нырщ.
ЗэрытщIэщи, екIуэкI дзэ операцэ хэхам ди щIалэхэр хэтщ, ди адэжьхэм я хабзэхэм тету, лIыгъэ, хахуагъэ къыщагъэлъагъуэу. Зыхэт псэзэпылъхьэпIэм щIэхыу къыхэ­кIыжу узыншэу я унагъуэхэм къахыхьэжыну, ди япэ итахэм яхъума адэжь лъахэм къэкIуэжу мамыр ­гъащIэм зратыжыну дохъуэхъу!
Лъэпкъыу щыIэр ефIэкIуэну, зау­жьыну, фIыгъуэ куэд щыIэныгъэм къахуихьыну си гуапэщ. Адыгэ лъэпкъми дигу къэдгъэкIыж гузэ­вэгъуэм хуэдэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.