ИСТАМБЫЛ И «БЕШИКТАШ»-Р КЪЫЗЭЗЫГЪЭПЭЩА УБЫХ ЩIАЛЭ

Тыркум и Истамбыл къалэм и «Бешикташ» спорт клубыр къызэзыгъэпэща убых щIалэ Шаплъы Уэс-мэн (мыбдежым адыгэ тхыкIэм, жыIэкIэм къыдогъэтIасэ щIалэм и цIэ-унэцIэр, щыуагъэ хэлъынкIи зыхуэIуа щыIэкъым) и гъащIэмрэ и дунеймрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. 

Шаплъы Уэсмэн тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iуса убых къуажэ цIыкIум къыщалъ­хуащ 1844 гъэм. Абы и адэшхуэр зауэлIт, дзэзешэт, лIы хахуэт, Урысейм и пащты­хьыдзэм ерууэ япэщIэтахэм яхэтащ. И адэ Хьэсэн 1860 гъэм, зэрыпхъуакIуэхэм езауэу, хэкIуэдащ.
Уэсмэн и ныбжьыр илъэс 13 фIэкIа хъуртэкъым пщы Бэрзэдж Хьэжы и шуудзэм хэту япэу зауэм щыIухьам.  И ныбжь емылъытауэ щIа-лэр щхьэпэлъагэт, сэшхуэр IэкIуэлъакIуэу игъабзэрт, нэщанэ еуэнымкIи Iэзэт.
1864 гъэм иуха лъапсэрых зауэм гуауэшхуэ къахуихьащ адыгэ лъэпкъым, убыххэри яхэту:  куэдым щалъхуа щIы­пIэхэр залы­мыгъэкIэ ябгы­нэн хуей ­хъуащ. А илъэсхэм, япэ­щIы­кIэ, Уэсмэн Дагъыс­таным Iэп­хъуащ, иужь­кIэ Тыркум кIуащ, и ныбжьыр илъэс 20-м иту. 
МетритIым нэблагъэ зи лъа­гагъ щIалэ зэкIужым гу къылъимытэу къэнакъым ­Абдул-Азиз, иужькIэ Тыркум и сулътIан хъуам. Истамбыл щрагъэкIуэкI шыгъажэхэм щы­текIуэрт, нэщанэ еуэнымкIэ зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр щIэмычэу къыщихьырт Уэсмэн. Арати, Шэрджэс гвардейскэ полкым сержант нэхъыжьу ар хигъэхьащ. Ауэ абы и зэфIэкIхэр, зауэм ар зэрыхуэIэзэр зылъагъу Абдул-Азизым убых щIалэр нэхъ гъунэгъуж зыхуищIащ. 
1866 гъэм Шаплъыр лейтенант ящIащ, зы илъэс дэкIри - капитан хъуащ. Абы къы­дэкIуэу, сулътIаным и полкым и хеящIэу ягъэуващ. 1867 гъэм, и ныбжьыр илъэс 23-рэ хъууэ, Уэсмэн адыгэ пщащэ, ХьэIишэт и цIэу, щхьэгъусэ къыхуэхъуащ икIи абы зы щIалэ дигъуэтащ. 
Абдул-Азиз сулътIан хъуа нэужь, илъэситI нэхъ дэ­мы­кIыу, Шаплъы Уэсмэн Ташкышла зауэ управленэм и уна­фэщIым и къуэдзэу игъэу­ващ. 1877 - 1878 гъэхэм Шаплъым и къарури, и зэфIэкIри нэсу къыщигъэ­лъэгъуащ Урыс - Тырку ­зауэм, тIэу уIэгъэ абы щы­хъуащ икIи, зауэм икIэхэм,       и ныбжьыр илъэс 34-м иту, дзэ ­зауэ бригадэм и генерал дамыгъэр къыхуагъэфэщащ.
1887 гъэм къулыкъу нэхъ лъагэж къратащ Шаплъым: Тыркум Аравие хытIыгуны­къуэм щиIэ дзэм и унафэ-щIу ягъэуващ, генерал-­майор цIэри къыхуагъэфэщащ. Абы щыIэу убых щIалэм IупэфIэгъу къыхуэхъуащ Щамил Iимамым и къуэ Гъази-Мухьэмэд икIи куэд дэ­мы­кIыу, 1888 гъэм, абы ипхъу Нафисэт щхьэгъусэу къишащ. Абыхэм бынипщI зэдагъуэтащ, «Бешикташ» футбол командэр къызэзыгъэпэща Мэхьмэт-Щамилыр яхэту.
Зауэ нэужьым Шаплъы Уэсмэн Истамбыл и «Бешикташ» (Мывэ гущэ) жэ­мы­хьэтым унэшхуэ къыщищэ­хури, абы дэтIысхьэжащ. А щIыпIэм адыгэ щIалэгъуалэр щыкуэдт, ахэр зэхуэсу, я гурылъ-гурыщIэхэмкIэ зэ­хъуажэу щIадзащ. ИкIи, хъыбар зэрыщыIэмкIэ, мис ап­хуэдэ зы зэхуэс гуэрым, Уэс­мэн и унэм щIэсхэу, япэ ды­дэу адыгэ щIалэхэм мурад ящIащ, нобэ дунейр зыкъутэ «Бешикташ» спорт клубыр къызэрагъэпэщыну. Япэ­щIы­кIэ абы къыщIидзащ гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, атлетикэ хьэлъэмкIэ, бэнэкIэмкIэ, нэгъуэщI спорт лIэужьы­гъуэхэмкIи «Бешикташ бе­рычэт» фIэщыгъэр зезы­хьэ клубу. Футболыр къы­щы­хы­хьар иужькIэщ.
Шаплъы Уэсмэн дунейм ехыжащ 1912 гъэм, и ныбжьыр илъэс 68-м иту, Истамбыл и унэ щыIэжу. Ауэ, и псэр хэмыкI щIыкIэ, и щIалэ Мэхьмэт-Щамил уэсят къы­хуи­­щIыжащ: «КавказымкIэ фи щхьэр евгъэзэкIыж!». И гъащIэм и Iыхьэ нэхъыбэр Тыркумрэ Аравиемрэ щы­зыхьа езы Уэсмэн дунейм тетыху и гумрэ и псэмрэ щы­Iащ тенджыз ФIыцIэм къы­Iуса убых къуажэ цIыкIумрэ и Хэкумрэ. 
Адэм и лэжьыгъэм пищэу 1903 гъэм Мэхьмэт-Щамил Шаплъым «Бешикташ» футбол клубыр къызэригъэпэщащ икIи абы и япэ унафэ-щIу щытащ.
Фыщыдгъэгъуэзэнщи, «Бе­­­­шикташ» топджэгу командэр Тыркум и чемпион 16-рэ хъуащ. «Галатасарай»-мрэ «Фенербахче»-мрэ ядэ­щIыгъуу футболымкIэ а къэралым щынэхъ лъэщхэм яхэтщ. Зэи къэмыхъуауэ, «Бе­шикташ»-м и топджэгухэм фIэкIа хэмыту Тыркум и командэ къыхэхар зэхагъэувауэ щытащ зы илъэс гуэрым. ИкIи а къэралым футболымкIэ и дивизион ищхьэм и чемпионатыр зэ­ры­рагъажьэрэ, 1959 гъэм къы­­щыщIэдзауэ, «Бе­шик­таш»-р абы зэи къыхэкIакъым. 
Нобэрей ди тхыгъэм щыуа­гъэ гуэрхэри къы­хэ­кIынкIэ хъунущ, абы и тхы­дэм теухуауэ щыIэ хъыбархэм зэ­темыхуэ гуэрхэр зэ­ры­хэтым щхьэкIэ, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр, шэч къы­зы­тумы­хьэжыныр Тыркум и «Бешикташ» спорт клу­бым и лъабжьэр зыгъэтIылъар убых щIалэ Шап­лъы Уэсмэнрэ абы и ­къуэ Мэхьмэт-Щамилрэ арауэ зэрыщытырщ. Мы Iуэ­хум нэхъыфIу щыгъуазэ щыIэмэ, ди тхыгъэм фыкъыпэджэжмэ, ди гуапэ ­хъунущ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.