Пащтыхь къэралыгъуэжьым адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэщ. А Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуауэ тхыдэдж-хэм къалъытэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнаджир мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.
Абдежым къыщегъэжьауэ, Псыжь (Кубань) и ижьырабгъу лъэныкъуэр Урысейм, адрыщIымкIэ щыIэ щIы Iыхьэхэр (КIахэ Адыгэр, Абазэр, Убыхыр), хы ФIыцIэм нэсыху, Тыркум IэщIэлъу къызэдалъытэным хуэгъэза дэфтэрым къэралитIым я лIыкIуэхэм Iэ зэдыщIадзащ, абыкIэ езы бгырысхэм емыупщIыххауэ.
Мыдрейуи, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пащтыхь администрацэм Къэбэрдейм лэжьэн щыщIидзар 1825 гъэращ. Абы и хэщIапIэр а лъэхъэнэм здэщыIар Константиногорскэ быдапIэрщ (иджырей Горячеводск пэмыжыжьэу).
ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Мэшыкъуэ Iуащхьэм и Iэхэлъахэм, иджы «Кавминводы» зыхужаIэм, иса адыгэ-абазэ къуажэхэр щIэгъэхуэбжьауэ кърагъэIэпхъукIыу хуежьат. 1816 гъэм и закъуэ къэтщтэнщи, мы щIыпIэм, япэщIыкIэ Теккели, иужькIэ Ермолов генералхэм я унафэкIэ щрагъэкIуэкIа теуэхэм къарикIуэу, къуажэ 18 зэуэ кърагъэIэпхъукIащ. Абыхэм ящыщу иныкъуэр Балъкъ псыхъуэ дагъэтIысхьащ, мыдрейхэм Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэу урысхэм яубыдар хуагъэлъэгъуащ.
ГущIэгъуншэ теуэт
Бгырысхэм закъыпигъэщхьэхукIыу, урыс пащтыхьыдзэм къригъэувэкIа «Кавказ линием» и тепщэу 1828 - 1829 гъэхэм щытар генерал Эммануэль Георгийщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1828 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ аргуэру зэпэщIэу-ващ икIи зауэм зэрыхэшащ. А Iуэхугъуэм аргуэрыжьу хьэзаб тIуащIэм хидзащ Псыхуабэ пэмыжыжьэу къэбэрдеищIым а илъэсхэми иджыри къинауэ иса адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, «шэми сес, шхуми сес» зэрыжаIэу, я щхьэр зыхуагъэщхъынур, е, нэгъуэщI мыхъуми, зызыдрагъэкIунур къахуэмыщIэу утыку къызэринам къыхэкIыу. Абыхэм Псыжь адрыщIкIэ къыщыхута я лъэпкъэгъухэми пыщIэныгъэ хуаIэн хуей хъурт, я благъэт, я Iыхьлыти, Къэбэрдейм и тепщэу къэу-ва урысхэми зыдамыгъэшу хъуртэкъым.
Къэдгъэлъагъуэмэ, а лъэхъэнэхэращ, тIэкIу нэхъапэIуэкIэ дызэIэбэкIыжми, Къэбэрдейм къинауэ щыта адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ящыщу Псыжь адрыщIкIэ щыIа я лъэпкъэгъухэм деж нэхъыбэ дыдэ щыIэпхъуар.
Урыс-Тырку зауэм зэрыщIидзэу, генерал Эммануэль Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу бгырысхэм ярищIылIащ зи гущIэгъуншагъэкIэ хуэдэ уигъэлъыхъуэн лъыкIпсыкI теуэхэр. Iэтащхьэм и унафэр зыгъэзащIэ пащтыхьыдзэр ебгъэрыкIуащ абы ипэкIэ Урысейм мамырыгъэкIэ къеувэлIауэ щыта жылэхэми, алъандэрэ урысыдзэм и Iуэху зыхилъхьэ мыхъуу къекIуэкIа адыгэ-абазэ лIакъуэхэми.
КъэралыгъуэжьитIым я зэпэщIэувэныгъэм щыщIи- дзэжа илъэсырщ Тебэрды, Уарп, Лабэ псыхъуэхэм дэса къуажэхэм хьэщхьэрыIуэ теуэхэр щращIылIар. АдэкIэ зи гугъу щытщIынур апхуэдэхэм ящыщ зыщ.
Къахудэмычыжа хьэлэ
Полковник Канивальский Михаил и IэмыщIэ иралъхьа дзэр 1828 гъэм фокIадэм и 10-м пшапэ зэхэуэгъуэм иришажьэри, Тебэрды псыхъуэм дэс абазэ жылэшхуитIым я деж нэхущым нишэсащ. Жьанэ къыдэкIыпIэм ищхъэрэкIэ къыщылъ губгъуэм гъатхасэу траса хур къезыхьэлIэжыну къежьа бгырысхэм зэуэзэпсэу яхэлъадэри, къапэувахэм ящыщ куэд яукIащ, гъавэу зыщыгугъ тIэкIури Iисраф зэтращIащ.
А теуэ гущIэгъуншэм кърикIуа зэхэуэ гуащIэм абазэ къуажитIым я тепщэхэу Ло Нэгъуейрэ Биберд Хьэтэжьыкъуэрэ хэтати, «япэр, бгырыс тIощI дэщIыгъуу, яукIащ, етIуанэр уIэгъэ хьэлъэ ящIащ», - итщ «Кавказский сборник» журналым и 15-нэ тедзэгъуэу XIX лIэщIыгъуэм икухэм къыдэкIам зи тхыгъэ къытехуа дзэлIым и IэдакъэщIэкIым.
«Мы зекIуэ цIыкIум нэгъуэщI зы ехъулIэныгъи къытхудэкIуащ, - щитхыжыгъащ Потто Василий «Кавказская война» и тхылъышхуэм. - Ар, дэ, урысхэм, иджыри къыздэсым здынэсыгъуейуэ къэтлъытэу щыта Къэрэшейм гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэ къызэрыхуэдгъуэтарщ. ИкIи ар мазэ нэхъ дэмыкIыу генерал Эммануэль къигъэсэбэпащ, къэрэшейхэр къигъэсабырын мурадыр иIэу, и дзэхэр щришажьэм».
Iуащхьэмахуэ лъапэ пэгъунэгъубзэу, Псыжь и тIуащIащхьэхэм дэса къэрэшейхэм я бжыгъэр 1828 гъэм зэрыхъуу щытар, а лъэхъэнэм къызэрабжам-кIэ, цIыху мини 8-м нызэрыхьэсщ. Эммануэль къилъытэрт, Европэм щынэхъ ин дыдэ бгым и лъабжьэм урысыдзэр щIишэмэ, адыгэбзэм ирипсалъэ бгырысхэр нэхъ тыншу зэщхьэщичыфыну. Апхуэдэуи хъуащ: къэбэрдейхэмрэ кIахэ адыгэхэмрэ а гъэм къыщыщIэдзауэ тхыдэм и кIыхьагъкIэ зэи къахудэмычыжа «хьэлэ» я зэхуаку къыдэхутащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.