Беслъэнейхэ я хабзэ.

Дэтхэнэ зы лъэпкъми къыхокI я къэкIуэнум тегузэвыхь, я блэкIар зрагъэщIэну хущIэкъу цIыху пажэхэр. Апхуэдэхэрщ къызытехъукIыжхэр зы­мы­гъэгъуащэр. Абы и ­лъ­э­ныкъуэкIэ лъэпкъ куэ­дым щапхъэ яхуэхъуфынущ  Бес­лъэнейхэ. Я блэ­кIар я щIэблэм ящIэу ­къагъэхъуну, я фIыр ягъэ­лъапIэрэ яIэту къо­­гъуэ­гурыкIуэ ахэр. Абы и щыхьэтщ я къэ­кIуэнум хуэлажьэу къызэрагъэпэща лъэпкъ хасэр.
Беслъэней унэцIэм ущрихьэлIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым. ахэр щопсэу Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, нэгъуэщI къэ­ралхэми. Тхыдэм урип­лъэж­мэ, а унэцIэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къы­хэбгъуэтэнущ.
Илъэсищ ипэкIэ ди республикэм ис Беслъэнейхэ Iуэху щхьэпэ кърахьэжьащ: я унагъуэцIэр зезыхьэ лъэпкъ хасэ къызэрагъэпэщащ. Гъэ къэси, зэрыжаIэу, балигъи сабии хэту, зэIущIэшхуэ зэхашэ. Абыхэм къыщрахьэжьэ зыгъэ­гу­мэщI Iуэхухэр, я ехъулIэ­ныгъэхэр щызэдагъэлъапIэ.
Бахъсэн къалэм дэт, ­Беслъэней Мирэ зи унэгуа­щэ «Мираж» IуэхущIапIэм и пщIантIэм макъамэ дахэр къыдэIукIырт. «Беслъэней» лъэпкъ хасэм и комитетым жыджэру хэт, Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэу Назир, Мухьэжид, Натэ, Iэни­уар, Анзор сымэ абдеж къыщызэхуэсхэр гуапэу ирагъэблагъэрт.
Нобэрей зэхуэсыр нэхъ трагъэщIат Беслъэней лъэпкъым илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ нысэ яхуэхъуа бзылъ­хугъэхэм - иджы нанэ Iумахуэ хъуахэм. Зи нэхэм гуапагъэ къыщIих, зи нэгум угъурлыгъэ кърих нанэхэр зэхэст гукъэкIыж дахэхэмкIэ зэхъуажэу.
Беслъэнейхэ я лъэпкъ зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн ФатIимэ сымэ.
Зэхыхьэр къызэIуахащ Беслъэней Владимир и лъэп­къым хуиуса уэрэ-дымкIэ. Ар игъэзэщIащ ­КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я артист Зеущэ Iэуес. АдэкIэ псалъэ иратащ «Беслъэней» лъэпкъ хасэм и тхьэмадэ, Шэджэм къуажэ щыщ Беслъэней Анатолэ. Ар кIэщIу къытеувыIащ хасэм и мыхьэнэм, зэхы­хьэр зытраухуа нанэ­хэми хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр Тхьэм иригъэфIакIуэ, - жиIащ Анатолэ. - ЩIыналъэм и Iуэхур зэIузэпэщу екIуэкIмэ, абы и цIыхухэри тыншу дыпсэунущ. Къетхьэжьэ Iуэху псори щIэт­щIэжыр ди щIэблэращи, гъащIэ дахэ, узыншэ яIэну ди гуапэщ. Ахэр зи куэщI къихъукIа нанэхэр жьыщхьэ махуэ хъуауэ, я щIэблэм я гуфIэгъуэ куэд ялъагъуу Тхьэм игъэпсэу!
Къуэжей Артём псалъэ щратым къыхигъэщащ Iуэху дахэ, щхьэпэ Беслъэнейхэ зэрырагъэкIуэкIыр, адрей лъэпкъхэм я дежкIи щапхъэфIу зэрыщытыр икIи ехъуэхъуащ я нэхъыжь­хэр куэдрэ яхуэузыншэну, я щIэблэм зэрыгушхуэн куэд къахэкIыну.
- Шэч хэлъкъым, мып­хуэдэ Iуэху зехьэкIэр зы­лъагъу фи щIалэгъуалэр гъуэгу пэж зэрытетынум, - жиIащ Къардэн ФатIимэ. - Нобэ фэ вгъэлъагъуэрщ абыхэм гъуазэ яхуэхъунур, фэ зэрывгъэгушхуэрщ лъагапIэщIэхэм хуэзышэнур.
ЗэIущIэм щагъэлъэпIащ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэры­зыгъэхьа я щIэблэр. Абы­хэм лъэпкъым и фIы­щIэ тхылъхэр, саугъэтхэр ира­тащ. Къыхэдгъэщынщи, мы гъэм апхуэдэ сабийхэм я бжыгъэр 100-м нэсырт. Ар нэгъабэ ягъэпэжахэм нэхърэ нэхъыбэт. Абы къегъэлъагъуэ мы Iуэ­хум абыхэм гушхуэныгъэ къазэрыхилъхьэри, фIым хуэпабгъэу зэриузэщIри.
Лъэпкъым и бзылъхугъэ нэхъыжьхэу Жанпагуэ, Рае, Женя, Светланэ, ФатIимэ, Лусенэ, Марадиан, Риммэ, Нусэ, ФатIимэт, Iэсият, Маринэт, Жанпагуэ сымэ, нэгъущIхэми а махуэм псалъэ дахэ куэд ­хужаIащ, сабийхэр я анэш­хуэ гумащIэхэм яхуэгъэза усэ­хэм къеджащ. Нанэхэм яхуэупсащ хасэм и фIыщIэ тхылъкIэ, тыгъэ гуа­пэхэм­кIэ.
Гулъытэншэу къагъэнакъым «Беслъэней» лъэпкъ хасэм жыджэру хэт я цIыхухъухэри. Абыхэм ящыщу хасэм и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщахэщ Мусэлим, Аслъэн (Урожайнэ къуажэ), Толэ, Борис, Хъусен (Шэ­джэм ЕтIуанэ), Хьэсэн, Малил (Псыхъурей), Муртазэ, Владимир, ТIалэ (Куба). Iэхьед, Адэлбий (Бахъсэн къалэ), Мухьэмэд (Нартан), Арсен (Анзорей), Хьэбил, Хьэсэн (ХьэтIохъущыкъуей) сымэ.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ Афган зауэм хэкIуэда Беслъэней Хьэсэн и цIэр зэрихьэу Бахъсэн дэт кадет еджапIэм и сабийхэм. Абыхэм ягъэзэщIа къафэхэр, уэ­рэд­хэр, усэхэр псоми гурыхь ящыхъуащ. Кадет еджапIэм тыгъэ хуащIащ Беслъэней лъэпкъым и фIыщIэ тхылъымрэ и дамыгъэмрэ. АрдыдэхэмкIэ хуэупсащ «Мираж» IуэхущIапIэм и унафэщI Беслъэней Мири.
Зэхыхьэр я уэрэд дахэхэмкIэ гукъинэ ящIащ зэщхьэгъусэхэу Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ.
ЗэIущIэр адыгэ джэгу дахэкIэ иухащ. Я ныбжьым­ хуумыгъэфэщэну, Беслъэней лъэпкъым я нэхъыжьхэми я лъэгум щIэблэр щIагъэп­лъащ.

Зэгъэщтокъуэ Людэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.