Щэнхабзэм иропIейтей.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм дыгъуасэ щаIущIащ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм.
Зэхыхьэм хэтащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, «НОТР» телеканалым и тхьэмадэ, режиссёр, сценарист Вэрокъуэ Владимир, щызэIущIа IуэхущIапIэм и унафэщI Емуз Анатолий, къыщаIэта псалъэмакъыр зэгъэщIылIа ведомствэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
- Дэ псоми, властым щыщхэми щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми, къалэнышхуэ ди пщэ къыдохуэ дуней еплъыкIэ зэпIэзэрытым дыкъыхуезыджэ, цIыху хэтыкIэ дахэм дыхуэзыущий, гупсысэ узыншэм дыхуэ­зыу­нэтI гъуазджэм, зэрыщыту къатщтэмэ, щэнхабзэм зыкъедгъэIэтыжыным хуэгъэзауэ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм, зэIущIэр къыщызэIуихым. – Мыдрейуэ, гулъытэ хэ­IэтыкIа зыхуэфащэ унэтIыныгъэхэм ящы­-щу къызолъытэ лъэпкъ цIыкIухэм ди литературэм дяпэкIи пщIэ лей хуэтщIын зэры­хуейм, зэрыхуэфащэу, къытщIэхъуэ щIэб­лэм ар ялъэдгъэIэсыфын папщIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ художественнэ литературэм, гъуазджэм, теат­рым я ехъулIэныгъэшхуэхэр къызыхэщыж тхыгъэхэр, сурэтхэр, спектаклхэр, пьесэхэр, нэгъуэщIхэри бжыгъэкIэ лажьэ иджырей Iэмэпсымэхэм къагъэIурыщIэфын хуэдэу къызэгъэпэщыным.
КIуэкIуэ Казбек адэкIэ къытеувыIащ ­республикэм и тхылъ хъумапIэхэм ящыщу дапхуэдизыр зэгъэпэщыжыпхъэми, ахэр зыдэт жылагъуэхэр сыт хуэдэхэрами, иджы­рей мардэхэм къитIасэу зыхуей хуа­гъэзэну зыхунэсахэм я бжыгъэмию.
ЗэIущIэр щекIуэкI IуэхущIапIэм и уна­фэщI Емуз Анатолий тепсэлъыхьащ щIэ­джы­кIакIуэу къахуэкIуэр зэрымымащIэми, тхылърэ дэфтэру библиотекэм мин бжыгъэхэр зэрыщахъумэми, я лэжьакIуэхэм я улахуэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуами, гу зы­лъытапхъэу къилъытэ нэгъуэщI Iуэхухэми.
- АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъэ къэс къытIэрыхьэ хабзэ тхылъхэм я бжыгъэр гу лъыптэу нэхъ мащIэ мэхъу, тедгъэ­кIуэдапхъэ ахъшэр къызэрыдэмэ­щIэкIым къыхэкIыу. Абы щыгъуэми, зэрыгурыIуэ­гъуэщи, щIэджыкIакIуэхэм библиотекэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэт къудейкъым, атIэ я гъэсэныгъэми щыхагъахъуэ, - къыхигъэщащ Емузым.
Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлагъуэу зэ­хыхьэм къыщыпсэлъащ УФ-м и цIыхубэ ­художник, профессор Пащты Герман, ­КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI, режиссёр Фырэ Руслан сымэ, ­нэгъуэщIхэри.
- ЩIалэгъуалэм, зэрыщыту къатщтэмэ, театреплъхэм я гукъыдэжым зыкъегъэ­Iэтыным, я гурыгъу-гурыщIэхэр жыпхъэ ­дахэм иту къахузэщIэгъэушэным хуэгъэ­зауэ сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэ щхьэпэт драматургием и фIыпIэхэм дя­пэкIи лъыхъуэныр, ахэр ди деж къакIуэхэм я пащхьэ итлъхьэфын хуэдэу къэгъэ­IурыщIэныр. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэры­хъунщи, IуэхущIапIэм дбгъэдэлъ мылъкур къызэрыдэмэщIэкIым къытхуэгъэлъэгъуэну ди зэфIэкIыр хуабжьу къелъахъэ. ­Артистхэр зыгъэгушхуэ стипендиехэми зэ­ры­хэгъэхъуапхъэрэ зэманыфI дэкIащ. Но­бэрей зэIущIэр мыбдежым зэрыще­кIуэ­-кIыр сэбэпынагъышхуэ зыпылъу къы­зо­лъытэ, щэнхабзэмрэ абы пыщIа IэнатIэ­хэмрэ яхуэфащэ гулъытэ дяпэкIэ нэхъ ягъуэтыным хуэунэтIауэ, - къыхигъэщащ Фырэ Руслан и псалъэм.
ЖыпIэ хъунущ зэхыхьэм къекIуэлIахэр абы къыщаIэта псалъэмакъ щхьэпэм, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къызэрыщиIуэтам арэзы къащIауэ, зытепсэлъыхьа Iуэхухэм яхуэфащэ гулъытэ хуащIынымкIэ гугъэфIхэр яIэу зэбгрыкIыжауэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.