КIуэкIуэ Казбек «Мэшыкъуэ-2019» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэм хэтхэм яхуозэ.

КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм щахуэзащ «Мэшыкъуэ-2019» XX Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхы­хьэшхуэм хэтхэм икIи Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща лъэпкъ щэнхабзэ фестивалыр къы­щы­зэIуахым къэпсэлъащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матов­ников Александр, округым хиубыдэ щIыналъэхэм я уна­фэщIхэр.
ЩIалэгъуалэм хьэщIэхэр лагерым къыщрашэкIащ икIи федеральнэ ахъшэ хухахыну зыщыгугъ проектхэм щыгъуазэ ящIащ, социаль­нэ къалэн щхьэхуэхэр дэгъэкIынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэу къалъытэм тепсэлъы­хьащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр КъБР-м икIа щIалэ­хэмрэ хъыджэбзхэмрэ ­щхьэ­хуэу яхуэзащ, доброво­лец­хэм я зэщIэхъееныгъэм, туризмэм зегъэужьыным, лъэпкъ мыинхэм я щэнхабзэр хъумэным, щIалэгъуалэ театрхэр, проектхэр щагъэхьэзыр центрхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ ахэр зыщIэупщIахэм я жэуапхэр яритащ.
«Мэшыкъуэ» зэхыхьэш­хуэр Кавказ Ищхъэрэм нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щы­зэхуэзэ щIыпIэ, иджырей гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ щызэщIагъэуIуэ, ныбжьэ­гъу­гъэмрэ мурадыфIхэмрэ къыщежьэ щIыпIэ хъуащ. Фэращ дэ ди щIэгъэкъуэнри ди плъапIэри. Фи гъащIэр дахагъэкIэ, къабзагъэкIэ, зэху­щытыкIэ тэмэмхэмкIэ гъэн­щIауэ зэрекIуэкIынум шэч къытесхьэркъым», - къы­хигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм икIи зэIущIэшхуэм хэтхэм ехъулIэныгъэхэр къахьыну, къарурэ ерыщагърэ яхэлъыну, я мурадхэм емызэшыжу хуэ­кIуэну ехъуэхъуащ.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и махуэр яухащ Кавказ ищхъэрэм и щIыналъэхэм я творческэ гупхэм я концерткIэ.
«Мэшыкъуэ-2019» зэхы­хьэшхуэм мы гъэм къыщы­зэхуэсащ кавказ ищхъэрэ федеральнэ округым, урысейм и нэ­гъуэщI щIыналъэхэм, ди ­гъунэгъу къэралхэм я щIалэрэ хъыджэбзу мини 3-м щIигъу. КъБР-м абы къыщыхилъхьащ социальнэ жэрдэму 220-рэ. ЗэIущIэм и фондыр сом мелуан 85-м щIегъу. Дэтхэнэ проект нэхъыфIри гъэзэ­щIэным трагъэкIуэдэн папщIэ хухахыну грантхэр сом 300000-м щегъэжьауэ сом 2500000-м нэсу щытынущ.
«Мэшыкъуэ-2019»-м и къы­зэгъэпэщакIуэхэм къэ­ра­лым и эксперт цIэрыIуэ­хэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым лэжьапIэ щызытхэмрэ хэту егъэ­джэ­ны­гъэ, щэнхабзэ, спорт программэ хьэлэмэтхэр ягъэ­хьэзыращ. Зэхуэсыгъуищыр ирагъэкIуэкIынущ «Зи IэщIагъэм хуэIэзэ цIыхухэр», «Жы­­джэрагъ зыхэлъ цIыхубэ», «Сэ сыпашэщ» къы­хуеджэныгъэхэм щIэту.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.05.2025 - 10:01

Къалэнышхуэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIам.

24.05.2025 - 09:03

Дызытес къудамэр пыдмыупщIу

ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэхэм ящыщщ «Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэ» жыхуаIэр.

24.05.2025 - 09:03

IэщIагъэм зыхагъэгъуазэ

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэ­ригъэпэща «МедиаПритяжение» урысейпсо проектым и щIыналъэ Iыхьэр Налшык къалэ щекIуэкIащ.

23.05.2025 - 09:14

ГущIэгъуншэт зауэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Васильев Борис и «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спек­таклыр.

23.05.2025 - 09:03

ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм.