КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэм дэщIыгъуу КIуэкIуэ Казбек топсэлъыхь щIыналъэм и санаторэ-курорт, турист комплексым.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ­республикэм и Правительствэм и уна­фэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ ­щIыналъэм и санаторэ-курорт, турист комплексым къихь хъерым хэгъэхъуэ­ным теухуауэ.
Зыужьыныгъэ гуэрхэр щыIэ пэтми, зэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, от­рас­лым щыщыIэ щытыкIэмрэ унафэ тещIыхьыкIэмрэ зэхъуэкIыныгъэ куухэр ­хуейщ.
«Налшык Курорт» предприятэ пашэм хыхьэ IуэхущIапIэ зыбжанэр иджыпсту къагъэув мардэхэм къезэгъыркъым, абыхэм яIэ Iэмалхэр нэсу къагъэсэбэпыркъым, щIыналъэм зегъэужьынымкIэ зыуэ щыт бгъэдыхьэкIэ щыIэкъым.
ФIагъ лъагэ зиIэ турист, санаторэ-­курорт кластер къызэгъэпэща хъун ­папщIэ материально-техникэ лъаб­- жьэр ­къэгъэщIэрэщIэжыпхъэщ, къэ­рал-щхьэ­закъуэ зэдэлэжьэныгъэм и программэм тету инфраструктурэм и нобэрей объектхэр ухуэнымкIэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIэным хуэунэтIауэ.
ХуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэпщытэныр, республикэр турист рынокым щыгъэкIуэтэныр, эко-, агротуризмэм и унэтIыныгъэщIэхэм зегъэужьыныр зэман гъунэгъум япэ игъэщыпхъэщ.
КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрествэм, абы и лэжьыгъэр зыунэтI вице-премьерхэм пщэрылъ щащIащ санаторэ-курорт секторым хыхьэ предприятэ пашэхэм я финанс Iуэхухэр зэфIэгъэувэжыным, ахъшэ къыхэзылъхьэнухэр къы­зэрыдахьэхыным, щыIэ планхэмрэ проектхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжауэ ахэр гъэзэщIа хъун папщIэ мылъку щхьэхуэ кърашэлIэфыным ехьэлIа жэрдэмхэр ягъэхьэзыру къыхалъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2024 - 12:25

Къэралыр ядэIэпыкъунущ

«Агроэкспресс» пэхуэщIэр егъэжьэным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирегъэкIуэкI Узбекистаным и гъусэу, къитащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ

10.12.2024 - 09:09

Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

10.12.2024 - 09:03

ЛIыгъэр зыщагъэгъупщэркъым

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур.

10.12.2024 - 09:03

Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ

Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж

09.12.2024 - 15:59

Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м.