ШЭДЖЭМ ГЪУЭГУХЭР ДЯПЭКIЭ ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖЫНУЩ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ-щIыпIэкIэ гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ. Гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм я нэхъыбэр зэрыарэзым и гугъу нэхъапэкIэ къытредгъэдза тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыжытIащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зэрекIуэкIым, гъуэгухэр хэпщIыкIыу зэрефIакIуэм, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэрыщызэщхьэщагъэкIым гу лъымытапIэ иIэкъым. А лэжьыгъэр мы гъэми щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI. Апхуэдэу лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэрагъэпэщыж Шэджэм ЕтIуанэ къуажэмрэ Шэджэм цIыкIу псымрэ зэпызыщIэ гъуэгур.

Гъуэгур къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм пхокI. ЦIыху мин 11 нэблагъэ зыдэс къуажэм дежкIэ а гъуэгум мыхьэнэшхуэ иIэщ, икIи абы и зэгъэпэщыжыным жылэм и псэукIэр нэхъыфI зэрищIынуми шэч хэлъкъым. Километрищрэ ныкъуэрэ зи кIыхьагъ гъуэгур цIыхухэр нэхъыбэу щызэхуэс IуэхущIапIэхэм йокIуалIэ: сабий гъэсапIэм, курыт еджапIэм, сымаджэщым, мэжджытым. Апхуэдэу зи гугъу тщIы гъуэгум къуажэм и унафэр щызэрахьэ IуэхущIапIэр, сымаджэхэм щыкIэлъыплъ IэзапIэр, курыт еджапIищыр, спорт еджапIэр, хабзэхъумэ IуэхущIапIэр тетщ. Абы къыхэкIыу, гъуэгур зыхуей хуэгъэзэныр цIыхум и шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIи мэхъу.

Мысыхьэтым Шэджэм ЕтIуанэ къуажэ кIуэцIым дэкI гъуэгум телъ асфальт къилъэлъар трахащ. Ар хуагъэхьэзыр тIуащIэу зэтелъ асфальтобетон зэрытралъхьэнум. Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, къуажэ гъуэгум дяпэкIэ зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдиинущ, уэздыгъэ пкъохэр хатIэнущ, автомашинэ гъэувыпIэхэр щIыпIэ зыбжанэм щаухуэнущ.

Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ иужь щихьэнур мы мазэм и кIэхэращ, лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну щытраухуар гъэмахуэкIэхэращ. Мысыхьэтым екIуэкI къэпщытэныгъэхэр гъуэгуухуэхэм хуагъэува пIалъэм иту зэрагъэпэщ, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр ягъэзащIэ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.